тепщэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(тепщэщ)
Зыгуэрхэр пӀэщӀэлъу, зыгуэрхэм уриунафэщӀу щытын.
ругосподствовать, властвовать над кем-чем-л.
ХакӀуэ къарэр шыхэм я тепщэт, шыбэр едаӀуэу хуэӀурыщӀэрт, и ужьым иту зекӀуэхэрт.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
тепщэн (тепщэщ) неперех. гл. господствовать, властвовать над кем-чем-л. / Зыгуэрхэр пӀэщӀэлъу, зыгуэрхэм уриунафэщӀу щытын. * ХакӀуэ къарэр шыхэм я тепщэт, шыбэр едаӀуэу хуэӀурыщӀэрт, и ужьым иту зекӀуэхэрт. КӀ. Т., Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(тепщэщ)
Зыгуэрхэм уриунафэщӀу щытын.
Къумым и фэбжьу Сыжьыбгъэ тепщэщ.— Индийскэ поэмэ, 356
+2 örnek
Ар щытепщэр дыгъэ мыхъуэщ, ФӀыгъуэр кӀэщӀу нэм елыпщӀыр.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 60
Бгы пцӀанэр къущхьэм я Ӏыхьэу, Къэбэрдеипщыр тафэм и тепщэу, Балъкъэр дищӀ къихьэм щагъэхьэу, Зэман блэкӀакъэ кӀыхьыщэу.— ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99
Kitapta geçtiği hali
ТЕПЩЭН (тепщэщ) лъэмыӀ. (4). Зыгуэрхэм уриунафэщӀу щытын. Къумым и фэбжьу Сыжьыбгъэ тепщэщ. «Индийскэ поэмэ», 356. Ар щытепщэр дыгъэ мыхъуэщ, ФӀыгъуэр кӀэщӀу нэм елыпщӀыр. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 60. Бгы пцӀанэр къущхьэм я Ӏыхьэу, Къэбэрдеипщыр тафэм и тепщэу, Балъкъэр дищӀ къихьэм щагъэхьэу, Зэман блэкӀакъэ кӀыхьыщэу. ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99.