температурэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Псы, хьэуа с. ху. хуабагъэу яӀэр.
рутемпература (напр. воды, воздуха)
Хьэуам и температурэ.
2. ЦӀыху е шэрыпӀ псэущхьэхэм я Ӏэпкълъэпкъым и хуабагъ, абыхэм я узыншагъэр къэзыгъэлъагъуэ.
рутемпература (человека)
Температурэр лъагэу дэкӀуеин. Температурэр къэпщын.
Kitapta geçtiği hali
температурэ 1. температура (напр. воды, воздуха) / Псы, хьэуа с. ху. хуабагъэу яӀэр. Хьэуам и температурэ. 2. температура (человека) / ЦӀыху е шэрыпӀ псэущхьэхэм я Ӏэпкълъэпкъым и хуабагъ, абыхэм я узыншагъэр къэзыгъэлъагъуэ. Температурэр лъагэу дэкӀуеин. Температурэр къэпщын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыху е шэрыпӀ псэущхъьхэм я Ӏэпкълъэпкъым и хуабагъ, абыхэм я узыншагъэр къэзыгъэлъагъуэ.
Анна Павловнэ зэрыжиӀэмкӀэ, дыгъуасэ лъандэрэ и температурэр лъагэу дэкӀуеящ.— Лъапсэ, 10
+2 örnek
Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
[Иринэ жиӀэу:] – Дапщэ хъурэ температурэр?— Нал къута, 278
Kitapta geçtiği hali
ТЕМПЕРАТУРЭ (3). ЦӀыху е шэрыпӀ псэущхъьхэм я Ӏэпкълъэпкъым и хуабагъ, абыхэм я узыншагъэр къэзыгъэлъагъуэ. Анна Павловнэ зэрыжиӀэмкӀэ, дыгъуасэ лъандэрэ и температурэр лъагэу дэкӀуеящ. Лъапсэ, 10. Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. [Иринэ жиӀэу:] – Дапщэ хъурэ температурэр? Нал къута, 278.