телыдыкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(толыдыкӀ)
ЗэщӀэлыдэн; зыгуэрым и нурыр, и нэхур зыгуэрым и щхьэфэм, и щӀыӀум къищын.
руотражаться, отсвечиваться
МафӀэм и нэхур абы {сымаджэм} и напэм телыдыкӀырт.— Къэбэрдей
+1 örnek
Шым и нэм къыщӀэж нэпсым дыгъэм и бзийр телыдыкӀырт.— Жаным Борис
Kitapta geçtiği hali
телыдыкӀын (толыдыкӀ) неперех. гл. отражаться, отсвечиваться / ЗэщӀэлыдэн; зыгуэрым и нурыр, и нэхур зыгуэрым и щхьэфэм, и щӀыӀум къищын. * МафӀэм и нэхур абы {сымаджэм} и напэм телыдыкӀырт. Къэб. Шым и нэм къыщӀэж нэпсым дыгъэм и бзийр телыдыкӀырт. Ж. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(толыдыкӀ)
ЗэщӀэлыдэн; зыгуэрым и нурыр, и нэхур зыгуэрым и щхьэфэм, и щӀыӀум къищын.
ТекӀуэныгъэр Штык пцӀанэм нуру толыдыкӀ. Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9. Мазэр къыщыщӀэкӀым лэгъуп гъэплъам ещхьу плъыжьамэ, и нурыр тенджызым толыдыкӀ.— Лъапсэ, 35
+1 örnek
Гъатхэ жэщыбгым и вагъуищыр Уи дамэтелъым толыдыкӀ.— Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49
Kitapta geçtiği hali
ТЕЛЫДЫКӀЫН (толыдыкӀ) лъэмыӀ. (5). ЗэщӀэлыдэн; зыгуэрым и нурыр, и нэхур зыгуэрым и щхьэфэм, и щӀыӀум къищын. ТекӀуэныгъэр Штык пцӀанэм нуру толыдыкӀ. Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9. Мазэр къыщыщӀэкӀым лэгъуп гъэплъам ещхьу плъыжьамэ, и нурыр тенджызым толыдыкӀ. Лъапсэ, 35. Гъатхэ жэщыбгым и вагъуищыр Уи дамэтелъым толыдыкӀ. Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49.