телъафэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Вагъэр зытес, джафэ зэращӀу зыгуэр щӀэщӀауэ къралъэфэкӀыу щыта зэрылажьэ Ӏэмэпсымэ.
руприцепной каток для разравнивания пашни
Вагъэр телъафэкӀэ {адыгэхэм} зэтес ящӀырт.
2. Бжэгъум банэ дэлъэфауэ, хьэцэпэцэхэр зытраса щӀым ар тралъафэурэ жылэхэр зэрыщӀрагъэхъумэу щыта зэрылажьэ Ӏэмэпсымэ.
руприцепное орудие для обработки пашни, засеянной колосовыми; борона-волокуша
Банэ куэд зэрапхырти абыкӀэ телъафэ ящӀырт.
3. Къитхъ.
руборона
КъэкӀыгъэр къыщыхэкӀым деж телъафэ псынщӀэхэр тралъафэ зэрыкӀуэгъуэу.— ГуащӀэдэкӀым и уэрэд
Kitapta geçtiği hali
телъафэ 1. устар. прицепной каток для разравнивания пашни / Вагъэр зытес, джафэ зэращӀу зыгуэр щӀэщӀауэ къралъэфэкӀыу щыта зэрылажьэ Ӏэмэпсымэ. Вагъэр телъафэкӀэ {адыгэхэм} зэтес ящӀырт. 2. устар. прицепное орудие для обработки пашни, засеянной колосовыми; борона-волокуша / Бжэгъум банэ дэлъэфауэ, хьэцэпэцэхэр зытраса щӀым ар тралъафэурэ жылэхэр зэрыщӀрагъэхъумэу щыта зэрылажьэ Ӏэмэпсымэ. Банэ куэд зэрапхырти абыкӀэ телъафэ ящӀырт. 3. к.-з. борона / Къитхъ. * КъэкӀыгъэр къыщыхэкӀым деж телъафэ псынщӀэхэр тралъафэ зэрыкӀуэгъуэу. Гу. и у.