телеграф
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Электро- е радиосигналхэр къагъэсэбэпурэ хьэрфхэмкӀэ е бжыгъэхэмкӀэ хъыбар гуэхэр щӀыпӀэ жыжьэхэм псынщӀэу зэрат, е апхуэдэу къатхэр къызэрыӀах связь лӀэужьыгъуэ.
рутелеграф (вид связи)
ТелеграфкӀэ ахъшэ утӀыпщын.
2. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ хъыбархэр зыт е къеӀызых связым и ӀуэхущӀапӀэ, апхуэдэу а ӀуэхущӀапӀэр зыщӀэс унэ.
рутелеграф (учреждение)
Телеграфым щылажьэн. Телеграфым и унэ.
3. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ хъыбархэр зэрат е къызэрыӀах аппарат.
рутелеграф (аппарат)
Kitapta geçtiği hali
телеграф 1. телеграф (вид связи) / Электро- е радиосигналхэр къагъэсэбэпурэ хьэрфхэмкӀэ е бжыгъэхэмкӀэ хъыбар гуэхэр щӀыпӀэ жыжьэхэм псынщӀэу зэрат, е апхуэдэу къатхэр къызэрыӀах связь лӀэужьыгъуэ. ТелеграфкӀэ ахъшэ утӀыпщын. 2. телеграф (учреждение) / Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ хъыбархэр зыт е къеӀызых связым и ӀуэхущӀапӀэ, апхуэдэу а ӀуэхущӀапӀэр зыщӀэс унэ. Телеграфым щылажьэн. Телеграфым и унэ. 3. телеграф (аппарат) / Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ хъыбархэр зэрат е къызэрыӀах аппарат.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Электро- е радиосигналхэр къагъэсэбэпурэ хьэрфхэмкӀэ е бжыгъэхэмкӀэ хъыбар гуэрхэр щӀыпӀэ жыжьэхэм псынщӀэу зэрат, е апхуэдэу къатхэр къызэраӀых связь лӀэужьыгъуэ.
ПащӀэ зытетым емыщхьу, Фарфор тхьэкӀумэр хужьыбзэу, Уеблэм бзэмыӀуми дэубзэу Телеграф пкъохэр йокӀуэкӀ.— Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 29
+1 örnek
Унафэ зыщӀхэр телеграфкӀэ зэпсэлъэху, уӀэгъэ хьэлъэхэм ящыщу щы лӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 171
Kitapta geçtiği hali
ТЕЛЕГРАФ (2). Электро- е радиосигналхэр къагъэсэбэпурэ хьэрфхэмкӀэ е бжыгъэхэмкӀэ хъыбар гуэрхэр щӀыпӀэ жыжьэхэм псынщӀэу зэрат, е апхуэдэу къатхэр къызэраӀых связь лӀэужьыгъуэ. ПащӀэ зытетым емыщхьу, Фарфор тхьэкӀумэр хужьыбзэу, Уеблэм бзэмыӀуми дэубзэу Телеграф пкъохэр йокӀуэкӀ. Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 29. Унафэ зыщӀхэр телеграфкӀэ зэпсэлъэху, уӀэгъэ хьэлъэхэм ящыщу щы лӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 171.