тегъэщӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(трегъащӀэ)

1. Зыгуэр егъэбэн, ешэхын.

рунаклонить что-л.

Аузым къыдиху акъужьым щиху псыгъуэ цӀыкӀур ирегъэщӀри къыбгъэдэт щиху иныӀуэм и къудамэ лантӀэхэм трегъащӀэ.— Шортэн Аскэрбий

2. Зыгуэрым хуэхьын, хуэгъэфэщэн.

руобъяснить что-л. чем-л.

Шорэ къыкӀэлъыджахэр къицӀыхуат икӀи ахэр къызэрыкӀэлъыщӀэмыпхъуар щӀалэ цӀынэхэм я шынэкъэрабгъэным тригъэщӀащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

Kitapta geçtiği hali

тегъэщӀэн (трегъащӀэ) перех. гл. 1. наклонить что-л. / Зыгуэр егъэбэн, ешэхын. * Аузым къыдиху акъужьым щиху псыгъуэ цӀыкӀур ирегъэщӀри къыбгъэдэт щиху иныӀуэм и къудамэ лантӀэхэм трегъащӀэ. Ш. А. 2. переносное объяснить что-л. чем-л. / Зыгуэрым хуэхьын, хуэгъэфэщэн. * Шорэ къыкӀэлъыджахэр къицӀыхуат икӀи ахэр къызэрыкӀэлъыщӀэмыпхъуар щӀалэ цӀынэхэм я шынэкъэрабгъэным тригъэщӀащ. Къ. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(трегъащӀэ)

Ӏуэхугъуэ гуэрым нэхъ тегъэчыныхьын.

НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым, ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». ХьэщӀэ лъапӀэ 399.

Kitapta geçtiği hali

ТЕГЪЭЩӀЭН (трегъащӀэ) лъэӀ. (1). Ӏуэхугъуэ гуэрым нэхъ тегъэчыныхьын. НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым, ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». ХьэщӀэ лъапӀэ 399.

Düzeltme Öner

тегъэщӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.