тегъэлъэлъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(трегъэлъалъэ)
1. Тегъэщэщэн, текӀутэн.
русыпать что-л. на кого-что-л.
2. Куэду тегъэхуэн (удын, шэ с. ху.).
русыпать на кого-что-л. (напр. удары)
Сэлэтхэм шэ трагъэлъалъэт.
Kitapta geçtiği hali
тегъэлъэлъэн (трегъэлъалъэ) перех. гл. 1. сыпать что-л. на кого-что-л. / Тегъэщэщэн, текӀутэн. 2. переносное сыпать на кого-что-л. (напр. удары) / Куэду тегъэхуэн (удын, шэ с. ху.). Сэлэтхэм шэ трагъэлъалъэт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(трегъэлъалъэ)
Тегъэщэщэн, текӀутэн.
Бекъанхэ я унэмкӀэ щыблэкӀым, къэувыӀэри лӀыжь сымаджэу хэлъым я уэнжакъыр кърикъутэхыу автоматыр тригъэлъэлъати, дадэр шынэщауэ хьэлъакъуиплӀыу гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀэпщхьат, къытехуаӀа и гугъауэ.— Къалэн, 434
+2 örnek
АвтоматкӀэ бжэм шэр къытрагъэлъалъэ [нэмыцэхэм].— Щынэхужьыкъуэ, 66
Жыраслъэн къуэгъэнапӀэ къуэсу щӀалэ гупым шыбз гуартэ къахуу захуигъазэри, я щӀыбагъымкӀэ къилъадэурэ, щӀалэхэр зырызу я уанэгум къридзащ, зыкъигъазэри, жэрыжэм тету шыплӀэ пулеметыр къатригъэлъалъэурэ шыбз гуартэ къэзыхум къатрихри, щыхьэщӀэу щыта бысымым деж къэкӀуэжащ, шым увыӀэпӀэ къахуигъуэтри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 89
Kitapta geçtiği hali
ТЕГЪЭЛЪЭЛЪЭН (трегъэлъалъэ) лъэӀ. (3). Тегъэщэщэн, текӀутэн. Бекъанхэ я унэмкӀэ щыблэкӀым, къэувыӀэри лӀыжь сымаджэу хэлъым я уэнжакъыр кърикъутэхыу автоматыр тригъэлъэлъати, дадэр шынэщауэ хьэлъакъуиплӀыу гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀэпщхьат, къытехуаӀа и гугъауэ. Къалэн, 434. АвтоматкӀэ бжэм шэр къытрагъэлъалъэ [нэмыцэхэм]. Щынэхужьыкъуэ, 66. Жыраслъэн къуэгъэнапӀэ къуэсу щӀалэ гупым шыбз гуартэ къахуу захуигъазэри, я щӀыбагъымкӀэ къилъадэурэ, щӀалэхэр зырызу я уанэгум къридзащ, зыкъигъазэри, жэрыжэм тету шыплӀэ пулеметыр къатригъэлъалъэурэ шыбз гуартэ къэзыхум къатрихри, щыхьэщӀэу щыта бысымым деж къэкӀуэжащ, шым увыӀэпӀэ къахуигъуэтри. Хъуэпсэгъуэ нур, 89.