тегушхуэгъуафӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Тыншу зи ужь уихьэ, екугъуафӀэ Ӏуэхугъуэ.
рулёгкий, доступный, посильный
Лэжьыгъэ тегушхуэгъуафӀэ. Ӏуэху тегушхуэгъуафӀэ.
2. Къыщхьэщыжын зимыӀэ, лъэрызехьэу щымыт.
рубеззащитный, слабый
ЦӀыху тегушхуэгъуафӀэ. Лъэпкъ тегушхуэгъуафӀэ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
тегушхуэгъуафӀэ щӀын
рупритеснять кого-л., чувствуя его беззащитность.
Жыраслъэн ищӀэрт старшынэр къызэрыфӀэлӀыкӀри, тегушхуэгъуафӀэ ищӀауэ къеплъырт.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
тегушхуэгъуафӀэ 1. лёгкий, доступный, посильный / Тыншу зи ужь уихьэ, екугъуафӀэ Ӏуэхугъуэ. Лэжьыгъэ тегушхуэгъуафӀэ. Ӏуэху тегушхуэгъуафӀэ. 2. беззащитный, слабый / Къыщхьэщыжын зимыӀэ, лъэрызехьэу щымыт. ЦӀыху тегушхуэгъуафӀэ. Лъэпкъ тегушхуэгъуафӀэ. ТегушхуэгъуафӀэ щӀын притеснять кого-л., чувствуя его беззащитность. * Жыраслъэн ищӀэрт старшынэр къызэрыфӀэлӀыкӀри, тегушхуэгъуафӀэ ищӀауэ къеплъырт. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (2)
тегушхуэгъуафӀэ къэщӀын
Зыгуэрым тыншу зекун; тыншу тегушхуэн.
[ЦӀыхубзым Алыджыкъуэ жреӀэ:] ЛӀы хуэдэ лӀым ар ящӀэрэ? ЖыӀэ уи уасэ! – сыӀуимыгъэкӀыжу цӀыхубзыр къыспэуващи, кӀуапӀи-жапӀи къызитыркъым. Сытуи тегушхуэгъуафӀи сыкъищӀа— МелыӀыч, 439
тегушхуэгъуафӀэ щӀын
Абы хуэдэу «иныжьхэм» нэхъ цӀыкӀур тегушхуэгъуафӀэ ящӀрэ щӀэнэкӀамэ, Алий къахуидэртэкъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
Еплъ: тегушхуэгъуафӀэ къэщӀын
Kitapta geçtiği hali
ТЕГУШХУЭГЪУАФӀЭ: ◊ тегушхуэгъуафӀэ къэщӀын (1). Зыгуэрым тыншу зекун; тыншу тегушхуэн. [ЦӀыхубзым Алыджыкъуэ жреӀэ:] ЛӀы хуэдэ лӀым ар ящӀэрэ? ЖыӀэ уи уасэ! – сыӀуимыгъэкӀыжу цӀыхубзыр къыспэуващи, кӀуапӀи-жапӀи къызитыркъым. Сытуи тегушхуэгъуафӀи сыкъищӀа! МелыӀыч, 439. ТегушхуэгъуафӀэ щӀын (2). Еплъ тегушхуэгъуафӀэ къэщӀын. Абы хуэдэу «иныжьхэм» нэхъ цӀыкӀур тегушхуэгъуафӀэ ящӀрэ щӀэнэкӀамэ, Алий къахуидэртэкъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527.