сэшхуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
сэшхо/сэшхуэ (шапс.сэфо; арап: сейф); чатэ/джатэ, (Абз. ГАТЭ); KILIÇ, (seyf)
джатэ/чатэ, сэшхо(шпс. сэфо)/сэшхуэ; SEYF, KILIÇ
чатэ/джатэ, сэшхо(сэфо)/сэшхуэ; SEYF, KILIÇ
сэшхуэ/сэшхо(сэфо), чатэ/джатэ; SEYF, (kılıç)
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Джатэм и лъэпкъ Ӏэщэ.
рушашка; сабля
Дэ ди лӀыхъужьхэр Нартхэм я хуэдэщ, Сэшхуэр кърахри Бийм и щхьэр пахыр.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
сэшхуэ шашка; сабля / Джатэм и лъэпкъ Ӏэщэ. * Дэ ди лӀыхъужьхэр Нартхэм я хуэдэщ, Сэшхуэр кърахри Бийм и щхьэр пахыр. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Сэ лӀэужьыгъуэ, къамэм нэхърэ нэхъ инщ, джатэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀущ, нэхъ псынщӀэщ; Ӏэщэ.
Уи мэкъупӀэм удзу къикӀэм Я нэхъыбэр сэшхуэ жанщ.— Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59
+2 örnek
Сэшхуэ Ӏэпщэр дыщэу япкӀмэ, Щымышынэу щогуфӀыкӀ.— МыщӀэр дыщэм дощӀэращӀэ. «Батырыбжьэ», 149
МафӀэм ихьыр умыщӀэу, шэм иукӀри мафӀэм исыжу, япэ ита шу гупыр кӀуэдыкӀейуэ напӀэзыпӀэм кӀуэдащ, сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэу.— Лыгъэ, 412
Deyimler (1)
сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэн
ИщӀэнӀауэ хунэмысын.
МафӀэм ихьыр умыщӀэу, шэм иукӀри мафӀэм исыжу, япэ ита шу гупыр кӀуэдыкӀейуэ напӀэзыпӀэм кӀуэдащ, сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэу— Лыгъэ, 412
Kitapta geçtiği hali
СЭШХУЭ (112). Сэ лӀэужьыгъуэ, къамэм нэхърэ нэхъ инщ, джатэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀущ, нэхъ псынщӀэщ; Ӏэщэ. Уи мэкъупӀэм удзу къикӀэм Я нэхъыбэр сэшхуэ жанщ. Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59. Сэшхуэ Ӏэпщэр дыщэу япкӀмэ, Щымышынэу щогуфӀыкӀ. МыщӀэр дыщэм дощӀэращӀэ. «Батырыбжьэ», 149. МафӀэм ихьыр умыщӀэу, шэм иукӀри мафӀэм исыжу, япэ ита шу гупыр кӀуэдыкӀейуэ напӀэзыпӀэм кӀуэдащ, сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэу. Лыгъэ, 412. ◊ Сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэн (1). ИщӀэнӀауэ хунэмысын. МафӀэм ихьыр умыщӀэу, шэм иукӀри мафӀэм исыжу, япэ ита шу гупыр кӀуэдыкӀейуэ напӀэзыпӀэм кӀуэдащ, сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэу. Лыгъэ, 412.