сыхьэт махуэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
сыхьэт
1. Суткэм и тӀощӀрэ еплӀанэ Ӏыхьэ, дакъикъэ 60.
Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си хышхуэр.— Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102
+2 örnek
ЗэуапӀэ гъуэгум сыщыпщафӀэу Къизгъэжт псы щӀыӀэр сэ си псылъэм, Сыхьэт сувыӀэм, сщӀырт сэ мафӀи, Си лэгъуп цӀыкӀур мафӀэм пыслъэрт.— Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50
Машинэр сыхьэтиблым фӀэмыкӀыу згъэхьэзырыну унафэ къысхуащӀащи, сымылъащэу хъуркъым.— Гъуэгуанэ, 116
2. Зэманыр къэзыгъэлъагъуэ прибор.
Си сыхьэтыр щӀызоӀуантӀэ – Махуэ бжыгъэр къызощып.— Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56
+1 örnek
МакӀуэ сыхьэтыр къимыгъазэу, Вагъуэм нэсыни хулъэмыкӀ.— Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374
3. А зэман дыдэм.
А сыхьэт дыдэм Щхьэлмывэкъуэ къиунэтӀауэ нэгъуэщӀ зы шуи къакӀуэрт, жэм хъарзынэ къихуу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 316
Deyimler (2)
сыхьэт махуэ
ЛъэхъэнэфӀ, лъэхъэнэ насыпыфӀэ.
Сэрщ зи вагъуэ имыжынур – Сыхьэт махуэм къыдалъхуар.— Вагъуэ махуэ. «Вагъуэ махуэ», 9
сыхьэт мыгъуэ
Лъэхъэнэ, пӀалъэ мыщӀагъуэ, Ӏей гуэр къыщыхъу.
[Мэмэт-щӀакъуэ шыгухум жриӀэу:] – Уи гум сисщи, аракъэ сыхьэт мыгъуэр.— Лъапсэ, 50
Kitapta geçtiği hali
СЫХЬЭТ (53). 1. (37). Суткэм и тӀощӀрэ еплӀанэ Ӏыхьэ, дакъикъэ 60. Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си хышхуэр. Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102. ЗэуапӀэ гъуэгум сыщыпщафӀэу Къизгъэжт псы щӀыӀэр сэ си псылъэм, Сыхьэт сувыӀэм, сщӀырт сэ мафӀи, Си лэгъуп цӀыкӀур мафӀэм пыслъэрт. Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50. Машинэр сыхьэтиблым фӀэмыкӀыу згъэхьэзырыну унафэ къысхуащӀащи, сымылъащэу хъуркъым. Гъуэгуанэ, 116. 2. (15). Зэманыр къэзыгъэлъагъуэ прибор. Си сыхьэтыр щӀызоӀуантӀэ – Махуэ бжыгъэр къызощып. Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56. МакӀуэ сыхьэтыр къимыгъазэу, Вагъуэм нэсыни хулъэмыкӀ. Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374. 3. (1). А зэман дыдэм. А сыхьэт дыдэм Щхьэлмывэкъуэ къиунэтӀауэ нэгъуэщӀ зы шуи къакӀуэрт, жэм хъарзынэ къихуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 316. ◊ Сыхьэт махуэ (1). ЛъэхъэнэфӀ, лъэхъэнэ насыпыфӀэ. Сэрщ зи вагъуэ имыжынур – Сыхьэт махуэм къыдалъхуар. Вагъуэ махуэ. «Вагъуэ махуэ», 9. Сыхьэт мыгъуэ (1). Лъэхъэнэ, пӀалъэ мыщӀагъуэ, Ӏей гуэр къыщыхъу. [Мэмэт-щӀакъуэ шыгухум жриӀэу:] – Уи гум сисщи, аракъэ сыхьэт мыгъуэр. Лъапсэ, 50.