сыт щӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ХэкӀыпӀэ зимыӀэ Ӏуэхум хужаӀэ.
ГъукӀэми сыт ищӀэнт, фӀэдзапӀэм фӀэлъ Ӏэхъулъэхъур къыфӀихри Къэрэжь егиящ: – Мы Ӏэхъулъэхъур уи бзэгум илъхьэн хуейт уэ, – жиӀэри.— Лъапсэ, 104
+2 örnek
Иринэ хьэпшыпу иӀэр шумэданым дигъэхуащ, дэмыхуэр и ӀэплӀэм илъщ – сыт ищӀэн— Нал къута, 216
Губгъуэм къикӀыжа цӀыхухъу зырызхэр гур къагъэувыӀэрэ пщӀантӀэ къыдэлъадэ щхьэкӀэ, сыт пщӀэнт – къэхъунур къэхъуащ.— ГущӀэгъу, 425
Kitapta geçtiği hali
СЫТ [П]ЩӀЭН[Т] (17). ХэкӀыпӀэ зимыӀэ Ӏуэхум хужаӀэ. ГъукӀэми сыт ищӀэнт, фӀэдзапӀэм фӀэлъ Ӏэхъулъэхъур къыфӀихри Къэрэжь егиящ: – Мы Ӏэхъулъэхъур уи бзэгум илъхьэн хуейт уэ, – жиӀэри. Лъапсэ, 104. Иринэ хьэпшыпу иӀэр шумэданым дигъэхуащ, дэмыхуэр и ӀэплӀэм илъщ – сыт ищӀэн. Нал къута, 216. Губгъуэм къикӀыжа цӀыхухъу зырызхэр гур къагъэувыӀэрэ пщӀантӀэ къыдэлъадэ щхьэкӀэ, сыт пщӀэнт – къэхъунур къэхъуащ. ГущӀэгъу, 425.