сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Щхьэусыгъуэ псалъэуха гуэдзэр псалъэуха пажэм ирепх.
Кхъухь щӀын хуейщ, жаӀэу кхъуэпӀащэм щызэхихым, пхэкӀэ икӀуэтурэ, щэху цӀыкӀуу кӀэбгъу зищӀри мэзым хыхьэжащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къызыхащӀыкӀыр кхъуафэщ.— Кхъухь пхэнж, 505
+2 örnek
– Езым и гугъакъым Абу-Деруиш абы еувэлӀэну, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдеж унэшхуэ тепщӀыхьын щхьэкӀэ, кубометр мин Ӏэджэ мывэ защӀэу текъутыкӀын хуейщ.— Кхъэлэгъунэ, 376
Хъыбарыр сэ нэхъ си жагъуэ хъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си адэр къыскӀэлъыкӀуэмэ, Ӏэмал имыӀэу Ибрэхьим зыхуигъазэрти, зэпсалъэрт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518
Kitapta geçtiği hali
СЫТ ЩХЬЭКӀЭ ЖЫПӀЭМЭ (26). союз. Щхьэусыгъуэ псалъэуха гуэдзэр псалъэуха пажэм ирепх. Кхъухь щӀын хуейщ, жаӀэу кхъуэпӀащэм щызэхихым, пхэкӀэ икӀуэтурэ, щэху цӀыкӀуу кӀэбгъу зищӀри мэзым хыхьэжащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къызыхащӀыкӀыр кхъуафэщ. Кхъухь пхэнж, 505. – Езым и гугъакъым Абу-Деруиш абы еувэлӀэну, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдеж унэшхуэ тепщӀыхьын щхьэкӀэ, кубометр мин Ӏэджэ мывэ защӀэу текъутыкӀын хуейщ. Кхъэлэгъунэ, 376. Хъыбарыр сэ нэхъ си жагъуэ хъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си адэр къыскӀэлъыкӀуэмэ, Ӏэмал имыӀэу Ибрэхьим зыхуигъазэрти, зэпсалъэрт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518.