сабий быдзафэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Быдз щефэ ныбжьым ит, сабий къалъхуагъащӀэ. C (9). Сабий зыбжанэ зыщӀэс унагъуэ. C (4). Сабий зеиншэхэр е адэ-анэм судкӀэ къытрахахэр щапӀ унэ. C (39). Балигъ мыхъуа цӀыху; нану.
Мазэгъуэ дахэщ ныщхьэби, Сабий быдзафэщ, дунейр И щыпэлъагъуу, щым хъуауэ, Нэр къилыдыкӀыу доплъейр.— Жэщ мазэгъуэ. «Дамыгъэ», 217
+12 örnek
ЦӀыхубзхэм я щӀалэ цӀыкӀухэр гублащхьэдэс ящӀауэ, сабий быдзафэр я ӀэплӀэм илъу, гущэри гупхэм кӀэрыпхауэ хадапщӀэ кӀуэрти, махуэ еным къыхэмыкӀыу хадэ япщӀэр, я сабий быдзафэу выгу жьауэм къыщӀэнам бадзэри хъумпӀэцӀэджри ежауэ зэрагъагъыр зэхамыхыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 269
[Дэфэрэдж и гупсысэ:] Сабий быдзафэр къащтэ: быдз щӀэфыкӀэ езыгъащӀэр хэт?— Лъапсэ, 65
[Алыджыкъуэ и гупсысэ:] Хэт ищӀэрэ сабий быным яхэс фызым сэбэп сыхуэхъунуми, сахуэхъунщ.— МелыӀыч, 454
[Псэун и анэм зыхуигъазэу:] Уэ угущӀэгъуншэтэкъэ, сабий быныр дыкъызэхэбнэу лӀы ущыдэкӀуам?— Къалэн, 434
Гуанэуэси, и сабий быныр и гъусэу, нэхъыжь дыдэр япэ иту, нэхъыщӀэ цӀыкӀур джалэм къэтэджыжурэ C(2). ЕджапӀэ кӀуэну зи ныбжь нэмыса цӀыкӀухэр махуэкӀэ здэщыӀэ щӀыпӀэ. [Дэфэрэдж:] Ботэх и гъащӀэ псом сызэпхыроплъри къызэралъхурэ илъэситӀи хъуатэкъым, сабий садым иратауэ щыщытам.— Лъапсэ, 66
Анэшхуэми ерагъыу и щхьэ зэрихьэф къудейти, зэрыкӀэлъыплъ щыӀэтэкъым, щымыхъужым аргуэру сабий садым иратыжащ, нэхъ иныӀуэ хъури школ кӀуэн щӀидзащ, ауэрэ анэ-адэ иӀэми, адэншэ-анэншэми къэхъуащ.— Лъапсэ, 66
Сабий унэщӀэр жыжьэӀейщ къыщызэӀуахыр, сыкӀуэфыну си фӀэщ хъуркъым, - жиӀэри [Тамарэ], къызэпсалъэмэ, зэрыфӀэфӀым гу лъыптэу, етӀысэхащ.— Лъапсэ, 45
[Дэфэрэдж:] Си диссертацэм и ужь сыщитым сабий унэхэм щӀэс сабийхэр зейр зэзгъэщӀати, щэрэ щэ ныкъуэм щыщу щы къудейщ зеиншэу яхэтар, адрей къомыр ефэреижьу хьэжь-кхъуэжьу къэнэжахэм яйуэ къыщӀэкӀащ, я бынхэр судкӀэ къыӀахауэ.— Лъапсэ, 44
Сабий унэм къыдэнари мыгуфӀэу къэнэнт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 317
ЛъапэпцӀийуэ сабий цӀыкӀухэр Пхъэщхьэмыщхьэм лъреӀэс.— Уузыншэм! - сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 18
Магазини къуажэ лафкӀи Дэни сомыр къыщалъытэ Сабий цӀыкӀухэм сэ морожнэм СыщӀатакъэ мызэ-мытӀэу.— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 134
ТхылъымпӀэ сэмбхэр я кхъухьу Сабий цӀыкӀу Ӏэджэм къажыхь, Губгъуэм итахэм заплъыхьу Хуэсакъыу хадэр
Kitapta geçtiği hali
САБИЙ БЫДЗАФЭ (4). Быдз щефэ ныбжьым ит, сабий къалъхуагъащӀэ. Мазэгъуэ дахэщ ныщхьэби, Сабий быдзафэщ, дунейр И щыпэлъагъуу, щым хъуауэ, Нэр къилыдыкӀыу доплъейр. Жэщ мазэгъуэ. «Дамыгъэ», 217. ЦӀыхубзхэм я щӀалэ цӀыкӀухэр гублащхьэдэс ящӀауэ, сабий быдзафэр я ӀэплӀэм илъу, гущэри гупхэм кӀэрыпхауэ хадапщӀэ кӀуэрти, махуэ еным къыхэмыкӀыу хадэ япщӀэр, я сабий быдзафэу выгу жьауэм къыщӀэнам бадзэри хъумпӀэцӀэджри ежауэ зэрагъагъыр зэхамыхыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 269. [Дэфэрэдж и гупсысэ:] Сабий быдзафэр къащтэ: быдз щӀэфыкӀэ езыгъащӀэр хэт? Лъапсэ, 65. CАБИЙ БЫН (9). Сабий зыбжанэ зыщӀэс унагъуэ. [Алыджыкъуэ и гупсысэ:] Хэт ищӀэрэ сабий быным яхэс фызым сэбэп сыхуэхъунуми, сахуэхъунщ. МелыӀыч, 454. [Псэун и анэм зыхуигъазэу:] Уэ угущӀэгъуншэтэкъэ, сабий быныр дыкъызэхэбнэу лӀы ущыдэкӀуам? Къалэн, 434. Гуанэуэси, и сабий быныр и гъусэу, нэхъыжь дыдэр япэ иту, нэхъыщӀэ цӀыкӀур джалэм къэтэджыжурэ CАБИЙ САД (2). ЕджапӀэ кӀуэну зи ныбжь нэмыса цӀыкӀухэр махуэкӀэ здэщыӀэ щӀыпӀэ. [Дэфэрэдж:] Ботэх и гъащӀэ псом сызэпхыроплъри къызэралъхурэ илъэситӀи хъуатэкъым, сабий садым иратауэ щыщытам. Лъапсэ, 66. Анэшхуэми ерагъыу и щхьэ зэрихьэф къудейти, зэрыкӀэлъыплъ щыӀэтэкъым, щымыхъужым аргуэру сабий садым иратыжащ, нэхъ иныӀуэ хъури школ кӀуэн щӀидзащ, ауэрэ анэ-адэ иӀэми, адэншэ-анэншэми къэхъуащ. Лъапсэ, 66. CАБИЙ УНЭ (4). Сабий зеиншэхэр е адэ-анэм судкӀэ къытрахахэр щапӀ унэ. Сабий унэщӀэр жыжьэӀейщ къыщызэӀуахыр, сыкӀуэфыну си фӀэщ хъуркъым, - жиӀэри [Тамарэ], къызэпсалъэмэ, зэрыфӀэфӀым гу лъыптэу, етӀысэхащ. Лъапсэ, 45. [Дэфэрэдж:] Си диссертацэм и ужь сыщитым сабий унэхэм щӀэс сабийхэр зейр зэзгъэщӀати, щэрэ щэ ныкъуэм щыщу щы къудейщ зеиншэу яхэтар, адрей къомыр ефэреижьу хьэжь-кхъуэжьу къэнэжахэм яйуэ къыщӀэкӀащ, я бынхэр судкӀэ къыӀахауэ. Лъапсэ, 44. Сабий унэм къыдэнари мыгуфӀэу къэнэнт. Хъуэпсэгъуэ нур, 317. CАБИЙ ЦӀЫКӀУ (39). Балигъ мыхъуа цӀыху; нану. ЛъапэпцӀийуэ сабий цӀыкӀухэр Пхъэщхьэмыщхьэм лъреӀэс. «Уузыншэм!» - сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 18. Магазини къуажэ лафкӀи Дэни сомыр къыщалъытэ Сабий цӀыкӀухэм сэ морожнэм СыщӀатакъэ мызэ-мытӀэу. Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 134. ТхылъымпӀэ сэмбхэр я кхъухьу Сабий цӀыкӀу Ӏэджэм къажыхь, Губгъуэм итахэм заплъыхьу Хуэсакъыу хадэр