распискэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Урысыбзэ ныкъуэкӀэ: зыгуэр къызэрыпӀэрыхьам щыхьэт техъуэ тхыгъэ Ӏэ щӀэлъу.
УӀэгъэ хъуахэр фӀагъэжыжри акт ящӀащ, сохраннэ распискэм пэувын хуэдэу.— Нал къута, 226
+2 örnek
Сыбгъэсэхыжынущ, нэгъуэщӀ мыхъуми распискэ къызэт, - жиӀэурэ Нурхьэлий гъумэтӀымэу зэ-тӀэу къыщӀидзати, ар старшынэм идэнт: - Умыудэгу си щхьэр, къызэӀух, жысӀакъэ! – жиӀэрти арат и жэуапыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 227
Джылахъстэнйм яӀэщыр сохраннэ распискэкӀэ яугуэшауэ жаӀэ— Нал къута, 237
Kitapta geçtiği hali
РАСПИСКЭ (5). Урысыбзэ ныкъуэкӀэ: зыгуэр къызэрыпӀэрыхьам щыхьэт техъуэ тхыгъэ Ӏэ щӀэлъу. УӀэгъэ хъуахэр фӀагъэжыжри акт ящӀащ, сохраннэ распискэм пэувын хуэдэу. Нал къута, 226. Сыбгъэсэхыжынущ, нэгъуэщӀ мыхъуми распискэ къызэт, - жиӀэурэ Нурхьэлий гъумэтӀымэу зэ-тӀэу къыщӀидзати, ар старшынэм идэнт: - Умыудэгу си щхьэр, къызэӀух, жысӀакъэ! – жиӀэрти арат и жэуапыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 227. Джылахъстэнйм яӀэщыр сохраннэ распискэкӀэ яугуэшауэ жаӀэ. Нал къута, 237.