рабочэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Урысыбзэ ныкъуэкӀэ: лэжьыгъэ пыухыкӀа ӀэнатӀэм Ӏут цӀыху, лэжьыгъэр зыгъэзащӀэ.
Ар [мэз джэдыр къызэридыгъуар] зылъэгъуа щыӀэу гу лъитатэкъыми, пцӀы иупсащ, къэзакъхэмрэ Грознэм дэс рабочэхэмрэ махуищкӀэ щызэзэуам щыгъуэ Мэмэтыр рабочэм яхэту къэзакъым езэуауэ.— Лъапсэ, 46
+2 örnek
Властыр зэрыуврэ рабочэм лъэкӀыныгъэ яӀэуи щыткъым, я бжыгъэр нэхъыбэ хъуа фӀэкӀа.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
[Гесиод Альбинэ жриӀэу:] ПщӀэжрэ, зэгуэр газетым иту укъысхуеджати кибернетическэ машинэр къыщӀагупсысар рабочэ классыр къагъэпцӀэну аращ, жиӀэу щӀэныгъэр зи фӀэщ мыхъу гуэрым и хъыбар— Тепщэч къэзылъэтыхь, 155
Kitapta geçtiği hali
РАБОЧЭ (15). Урысыбзэ ныкъуэкӀэ: лэжьыгъэ пыухыкӀа ӀэнатӀэм Ӏут цӀыху, лэжьыгъэр зыгъэзащӀэ. Ар [мэз джэдыр къызэридыгъуар] зылъэгъуа щыӀэу гу лъитатэкъыми, пцӀы иупсащ, къэзакъхэмрэ Грознэм дэс рабочэхэмрэ махуищкӀэ щызэзэуам щыгъуэ Мэмэтыр рабочэм яхэту къэзакъым езэуауэ. Лъапсэ, 46. Властыр зэрыуврэ рабочэм лъэкӀыныгъэ яӀэуи щыткъым, я бжыгъэр нэхъыбэ хъуа фӀэкӀа. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. [Гесиод Альбинэ жриӀэу:] ПщӀэжрэ, зэгуэр газетым иту укъысхуеджати кибернетическэ машинэр къыщӀагупсысар рабочэ классыр къагъэпцӀэну аращ, жиӀэу щӀэныгъэр зи фӀэщ мыхъу гуэрым и хъыбар. Тепщэч къэзылъэтыхь, 155.