пӀащӀэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЗэкӀэщӀэжу, и кхъулэм и псыр ебэкӀыу, зэрыщытын хуейм нэхърэ нэхъ хъудыру.
ружидко, водянисто
Хьэнтхъупсыр пӀащӀэу зэӀыхын.
Ӏувагъ имыӀэу (хуэбгъуфӀэу щыт гуэрым хужаӀэ: пхъэбгъу, зыгуэрым и бзыгъэ).
рутонко
Кхъуейр пӀащӀэу убзытэн. Пхъэбгъур пӀащӀэу упсын.
Kitapta geçtiği hali
пӀащӀэу I нареч. жидко, водянисто / ЗэкӀэщӀэжу, и кхъулэм и псыр ебэкӀыу, зэрыщытын хуейм нэхърэ нэхъ хъудыру. Хьэнтхъупсыр пӀащӀэу зэӀыхын. II нареч. тонко / Ӏувагъ имыӀэу (хуэбгъуфӀэу щыт гуэрым хужаӀэ: пхъэбгъу, зыгуэрым и бзыгъэ). Кхъуейр пӀащӀэу убзытэн. Пхъэбгъур пӀащӀэу упсын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ПсынщӀэ дыдэу, темыпыӀэу.
Елдар пӀащӀэу къакӀуэрт, абы и ужьым ущу итт Лу, хъыбар жиӀэр дахэдахэу хужымыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 200
+2 örnek
…АузитӀым къыдэжауэ Ди Шэрэджи месыр пӀащӀэу, И нэхъыбэр бгыщхьэ гуэлым Къыхишами псы и мащӀэщ.— Терек. «Партыр ди пашэу», 116
Краснэ армиер, ди къуэшхэр, КъокӀуэ, къосыр, къэблэгъащ, Панхэр шууэ е маршынэм Ису, пӀащӀэу щтауэ мис йожьэж— Бдзэжьеящэм ипхъу, 162
Kitapta geçtiği hali
ПӀАЩӀЭУ (16). нареч. ПсынщӀэ дыдэу, темыпыӀэу. Елдар пӀащӀэу къакӀуэрт, абы и ужьым ущу итт Лу, хъыбар жиӀэр дахэдахэу хужымыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 200. …АузитӀым къыдэжауэ Ди Шэрэджи месыр пӀащӀэу, И нэхъыбэр бгыщхьэ гуэлым Къыхишами псы и мащӀэщ. Терек. «Партыр ди пашэу», 116. Краснэ армиер, ди къуэшхэр, КъокӀуэ, къосыр, къэблэгъащ, Панхэр шууэ е маршынэм Ису, пӀащӀэу щтауэ мис йожьэж. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 162.