пӀатӀрон
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Фоч, кӀэрахъуэ къинэмыщӀхэм иралъхьэу зэрагъауэу къагъэсэбэп гъущӀыпэ.
Уеблэмэ загъэпщкӀуурэ щӀалэ цӀыкӀухэм бдзапцӀашэ ягъэж, гын къащэхуурэ пӀатӀроным иракӀутэ, губгъуэм макӀуэри кӀэрахъуэ ягъауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 601
+2 örnek
Нурхьэлий и унэм щӀэлъ хьэуазэм къыхэнат фочи пӀатӀрони, Астемыр сымэ пӀащӀэ-тхъытхъыу щыдэкӀым, псори къащтатэкъым, фоч зырыз зэрыдахыфар насыпышхуэт абы я дежкӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 282
ЩӀалэ цӀыкӀуитӀ пщыӀэм тесам я нэгу щӀэкӀар жамыӀэжу яхуэшэчынт, уеблэмэ «зауэшхуэ» зэрыщыӀэми пӀатӀрон къащыпар щыхьэтлыкът.— Щынэхужьыкъуэ, 694
Kitapta geçtiği hali
ПӀАТӀРОН (7). Фоч, кӀэрахъуэ къинэмыщӀхэм иралъхьэу зэрагъауэу къагъэсэбэп гъущӀыпэ. Уеблэмэ загъэпщкӀуурэ щӀалэ цӀыкӀухэм бдзапцӀашэ ягъэж, гын къащэхуурэ пӀатӀроным иракӀутэ, губгъуэм макӀуэри кӀэрахъуэ ягъауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 601. Нурхьэлий и унэм щӀэлъ хьэуазэм къыхэнат фочи пӀатӀрони, Астемыр сымэ пӀащӀэ-тхъытхъыу щыдэкӀым, псори къащтатэкъым, фоч зырыз зэрыдахыфар насыпышхуэт абы я дежкӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 282. ЩӀалэ цӀыкӀуитӀ пщыӀэм тесам я нэгу щӀэкӀар жамыӀэжу яхуэшэчынт, уеблэмэ «зауэшхуэ» зэрыщыӀэми пӀатӀрон къащыпар щыхьэтлыкът. Щынэхужьыкъуэ, 694.