пэщэщэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэпэщащэ)
Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэрхэм хэщӀ щымыӀэу кӀэрысын, улъэпхъэщэн.
рувозиться, копошиться
Уэрсэрыжь цӀыкӀур ДыгъапӀэм щабэу кӀэрысу пэщащэрт.— Нартхэр
Kitapta geçtiği hali
пэщэщэн (мэпэщащэ) неперех. гл. возиться, копошиться / Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэрхэм хэщӀ щымыӀэу кӀэрысын, улъэпхъэщэн. * Уэрсэрыжь цӀыкӀур ДыгъапӀэм щабэу кӀэрысу пэщащэрт. Нарт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэпэщащэ)
Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэрхэм хэщӀ щымыӀэу кӀэрысын, улъэпхъэщэн. -39.
Лу зыгуэр къыщхьэщыхьауэ пэщащэрти, къызыщыу хуэдэ хъуауэ къыфӀэщӀырт: Думэсарэ къабгъэдыхьауэ шхыӀэныр зригъэзахуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144
+2 örnek
ЯмыщӀэххэу, Чопракъ псыхъуэм жыг лъабжьэжь гуэрым деж щыпэщащэу Ӏэщэ гъэтӀылъыпӀэ къагъуэтащ.— Щынэхужьыкъуэ, 72
ШкӀахъуэр хэмыжаеу Къадотэджыр пщащэм, ШкӀэри къеутӀыпщри Ар щысын пэщащэу?— ЦӀыхухъу. «Мывэ хуабэ», 38
Kitapta geçtiği hali
ПЭЩЭЩЭН (мэпэщащэ) лъэмыӀ. (5). Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэрхэм хэщӀ щымыӀэу кӀэрысын, улъэпхъэщэн. Лу зыгуэр къыщхьэщыхьауэ пэщащэрти, къызыщыу хуэдэ хъуауэ къыфӀэщӀырт: Думэсарэ къабгъэдыхьауэ шхыӀэныр зригъэзахуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. ЯмыщӀэххэу, Чопракъ псыхъуэм жыг лъабжьэжь гуэрым деж щыпэщащэу Ӏэщэ гъэтӀылъыпӀэ къагъуэтащ. Щынэхужьыкъуэ, 72. ШкӀахъуэр хэмыжаеу Къадотэджыр пщащэм, ШкӀэри къеутӀыпщри Ар щысын пэщащэу? ЦӀыхухъу. «Мывэ хуабэ», 38-39.