пэщхъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Пэм и гъумыпӀэ Ӏыхьэ.
рунижняя утолщенная часть носа
ШитӀым я пэщхъыным бахъэр къреху, шыкӀэхэмрэ шы сокухэмрэ сытхъу защӀэщ, нэбжьыцхэри сытхъущ.— Щомахуэ Амырхъан
+1 örnek
Шыр и пэщхъын пхъашэмкӀэ мэкъум хэӀэбэри жьэгъуашхэ макъ игъэӀуащ.— КӀэрашэ Тембот
Bu maddedeki ifadeler (4)
пэщхъыныр егъэупӀэн
рудать голову на отсечение (букв. дать свой нос изрезать).
Си пэщхъыныр уэзгъэупӀэнщ, ар мыпэжмэ.— Къардэн Бубэ
пэщхъыным къихуа
рунезначительный, ничтожный (букв. выпавший из носа).
Аракъым, тӀасэ, дэ уи пэщхъыным дыкъихуа уи гугъэрэ уэ?— Ӏуащхьэмахуэ
{и} пэщхъыным къихужын
рувоздать по заслугам, достойно наказать кого-л. за что- л.
Уэ абы лейуэ къуахар сэ нобэ ахэм лъырэ уэтэпсу я пэщхъыным къисхужынщ.— Нартхэр
пэщхъыным (гъуэзыр) кърихыу (кърихуу)
рув сильном гневе.
Гъумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр къреху.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
пэщхъын нижняя утолщенная часть носа / Пэм и гъумыпӀэ Ӏыхьэ. * ШитӀым я пэщхъыным бахъэр къреху, шыкӀэхэмрэ шы сокухэмрэ сытхъу защӀэщ, нэбжьыцхэри сытхъущ. Щ. Ам. Шыр и пэщхъын пхъашэмкӀэ мэкъум хэӀэбэри жьэгъуашхэ макъ игъэӀуащ. КӀ. Т. Пэщхъыныр егъэупӀэн дать голову на отсечение (букв. дать свой нос изрезать). * Си пэщхъыныр уэзгъэупӀэнщ, ар мыпэжмэ. Къ. Б. Пэщхъыным къихуа незначительный, ничтожный (букв. выпавший из носа). * Аракъым, тӀасэ, дэ уи пэщхъыным дыкъихуа уи гугъэрэ уэ? Ӏуащхь. {И} пэщхъыным къихужын воздать по заслугам, достойно наказать кого-л. за что- л. * Уэ абы лейуэ къуахар сэ нобэ ахэм лъырэ уэтэпсу я пэщхъыным къисхужынщ. Нарт. Пэщхъыным (гъуэзыр) кърихыу (кърихуу) в сильном гневе. * Гъумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр къреху. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Пэм и гъумыпӀэ Ӏыхьэ.
Шамум вертолет макъ щызэхихым, и нэр къихуу, пщыӀэ зэгуэтым ещхь и пэщхъыным зэрыбауэ хьэуар къемэщӀэкӀыу гужьеяти, ар щалъагъум, дызыубыдахэм нэхъ я фӀэщ хъуащ сэ жысӀэм нэхърэ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401
+2 örnek
Шыр щыщырт, ихъуилъырт, етхауэрт, и нитӀыр къихуу зиплъыхьырт, и пэщхъыным бахъэр кърихурт, арщхьэкӀэ нахъутэ пщӀэхэлъым и кӀапэр лӀитӀым яӀыгъти, шым кӀуапӀи жапӀи иратыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162
[Апчпрэ зытес шым топсэлъыхь:] Пэщхъыныр инщ.— Нал къута, 265
Deyimler (2)
[и] пэщхъыным къихуа хуэдэ
ЦӀыху гуэр мыхьэнэншэу къэлъытэн, къимыдзэн.
[Алыджыкъуэ:] Тобэ ирехъу, ар дыдэр езы комендантми и гум къэкӀагъэнт: и пэщхъыным сыкъихуа хуэдэу сызэӀуредзэри сешх жыпӀэну къызэплъащ.— МелыӀыч, 465
[и] пэщхъыным гъуэзыр (мафӀэр) кърихыу
Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызмыгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287
+2 örnek
Къыдырыр къызэрыкӀа жыпӀэмэ. къызэрыкӀащи, и пэщхъыным мафӀэр кърех.— Кхъухь пхэнж, 502
[Якъуб Локотош жриӀэу:] ПлъэкӀ къыумыгъанэ, - Якъуб къэгубжьауэ и пэщхъыным мафӀэ къреху, - си пыӀэжьыр пхуэгъэтӀысащ.— Нал къута, 306
Kitapta geçtiği hali
ПЭЩХЪЫН (6). Пэм и гъумыпӀэ Ӏыхьэ. Шамум вертолет макъ щызэхихым, и нэр къихуу, пщыӀэ зэгуэтым ещхь и пэщхъыным зэрыбауэ хьэуар къемэщӀэкӀыу гужьеяти, ар щалъагъум, дызыубыдахэм нэхъ я фӀэщ хъуащ сэ жысӀэм нэхърэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401. Шыр щыщырт, ихъуилъырт, етхауэрт, и нитӀыр къихуу зиплъыхьырт, и пэщхъыным бахъэр кърихурт, арщхьэкӀэ нахъутэ пщӀэхэлъым и кӀапэр лӀитӀым яӀыгъти, шым кӀуапӀи жапӀи иратыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. [Апчпрэ зытес шым топсэлъыхь:] Пэщхъыныр инщ. Нал къута, 265. ◊ [И] пэщхъыным къихуа хуэдэ (1). ЦӀыху гуэр мыхьэнэншэу къэлъытэн, къимыдзэн. [Алыджыкъуэ:] Тобэ ирехъу, ар дыдэр езы комендантми и гум къэкӀагъэнт: и пэщхъыным сыкъихуа хуэдэу сызэӀуредзэри сешх жыпӀэну къызэплъащ. МелыӀыч, 465. [И] пэщхъыным гъуэзыр (мафӀэр) кърихыу (3). Еплъ [и] пэм гъуэзыр (мафӀэр) кърихыу. Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызмыгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Къыдырыр къызэрыкӀа жыпӀэмэ. къызэрыкӀащи, и пэщхъыным мафӀэр кърех. Кхъухь пхэнж, 502. [Якъуб Локотош жриӀэу:] ПлъэкӀ къыумыгъанэ, - Якъуб къэгубжьауэ и пэщхъыным мафӀэ къреху, - си пыӀэжьыр пхуэгъэтӀысащ. Нал къута, 306.