пэлъытэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым и пӀэ ирагъэувэу, ещхьу, хуэдэу ялъытэу.
руравносильно, подобно
Абы {Хьэсанш} ещӀэр Лацэ цӀыкӀурныш пэлъытэу зэратынур.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
Kitapta geçtiği hali
пэлъытэу нареч. равносильно, подобно / Зыгуэрым и пӀэ ирагъэувэу, ещхьу, хуэдэу ялъытэу. * Абы {Хьэсанш} ещӀэр Лацэ цӀыкӀурныш пэлъытэу зэратынур. Щ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым и пӀэ ирагъэувэ, пагъэув, хуэдэу ялъытэ.
Иджы Зурабхэ я унэм къакӀуэмэ – а хъыджэбз нэ фӀыцӀэр унэгуащэ пэлъытэу щӀэсщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665
+2 örnek
Фыз мэхари унэм щӀахьэри унэ лъэгум иралъхьащ, хьэдэ пэлъытэу.— Лъапсэ, 52
ЗищӀисыр плъагъуу и жылафэр Паспорт пэлъытэу иӀэтащ— Жылэр кӀуэдакъым. «Мес къэкӀыгъэр… Батырыбжьэ», 74
Kitapta geçtiği hali
ПЭЛЪЫТЭУ (19). нареч. Зыгуэрым и пӀэ ирагъэувэ, пагъэув, хуэдэу ялъытэ. Иджы Зурабхэ я унэм къакӀуэмэ – а хъыджэбз нэ фӀыцӀэр унэгуащэ пэлъытэу щӀэсщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Фыз мэхари унэм щӀахьэри унэ лъэгум иралъхьащ, хьэдэ пэлъытэу. Лъапсэ, 52. ЗищӀисыр плъагъуу и жылафэр Паспорт пэлъытэу иӀэтащ. Жылэр кӀуэдакъым. Мес къэкӀыгъэр… «Батырыбжьэ», 74.