пэдзыжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(педзыж)
1. Зыгуэрым къыпхуидзар хуэбдзыжын. Пэпсэлъэжын, къыбжиӀам и жэуапу зыгуэр жеӀэжын.
рубросить обратно что-л. кому-л.
Топыр пэдзыжын. 2. переносное ответить, сказать что-л. в ответ
+1 örnek
Ӏэминат и анэм зыри пимыдзыжу пэшым щӀыхьэри гъуэлъыжащ.— Къущхьэ СулътӀан
Kitapta geçtiği hali
пэдзыжын (педзыж) перех. гл. 1. бросить обратно что-л. кому-л. / Зыгуэрым къыпхуидзар хуэбдзыжын. Топыр пэдзыжын. 2. переносное ответить, сказать что-л. в ответ / Пэпсэлъэжын, къыбжиӀам и жэуапу зыгуэр жеӀэжын. * Ӏэминат и анэм зыри пимыдзыжу пэшым щӀыхьэри гъуэлъыжащ. Къу. С.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(педзыж)
Зыгуэрым пэпсэлъэжын, къыбжиӀам и жэуапу зыгуэр жеӀэжын.
Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 263
+2 örnek
Сыт къыжраӀэми ишэчын хуейти, япидзыж щӀагъуэ щымыӀэу, и Ӏэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, и бын цӀыкӀуитӀыр имыгъэмэжалӀэу, унагъуэр зэрихьэу (Думэсарэ) яхэст.— Хъуэпсэгъуэ нур, 159
[Дэфэрэдж Ботэх жриӀэу:] – Банк щытрагъэувэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэщ, ущӀэбэгмэ, уэстынщ, - жысӀащ зыгуэр пэздзыжын хуейти, сэри сызэгуоп «банк» жыхуиӀэри зэрызмыщӀэм щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 64
Kitapta geçtiği hali
ПЭДЗЫЖЫН (педзыж) лъэӀ. (4). зэхь. Зыгуэрым пэпсэлъэжын, къыбжиӀам и жэуапу зыгуэр жеӀэжын. Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 263. Сыт къыжраӀэми ишэчын хуейти, япидзыж щӀагъуэ щымыӀэу, и Ӏэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, и бын цӀыкӀуитӀыр имыгъэмэжалӀэу, унагъуэр зэрихьэу (Думэсарэ) яхэст. Хъуэпсэгъуэ нур, 159. [Дэфэрэдж Ботэх жриӀэу:] – Банк щытрагъэувэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэщ, ущӀэбэгмэ, уэстынщ, - жысӀащ зыгуэр пэздзыжын хуейти, сэри сызэгуоп «банк» жыхуиӀэри зэрызмыщӀэм щхьэкӀэ. Лъапсэ, 64.