пыӀэку
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ПыӀэм ику; пыӀэ щыгу.
румакушка шапки
ПыӀэкум пыӀэ шыкъу итщ. Сэ сыфызкъэмыши, СыщӀалэ тӀорыси, СыпыӀэку члиси.— ЩоджэнцӀыкӀу Нурий
Bu maddedeki ifadeler (1)
{и} пыӀэкур иудын (къиудын)
руповергнуть, победить кого-л.
Kitapta geçtiği hali
пыӀэку макушка шапки / ПыӀэм ику; пыӀэ щыгу. * ПыӀэкум пыӀэ шыкъу итщ. Сэ сыфызкъэмыши, СыщӀалэ тӀорыси, СыпыӀэку члиси. Щ. Н. {И} пыӀэкур иудын (къиудын) повергнуть, победить кого-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (1)
[и] пыӀэкур къиудын
Хурикъун, хуэфӀ хъун.
Журтымрэ хьэрыпымрэ зызэраупсеяти, адыгэм я пыӀэкур къраудащ, дэ ди пыӀэкум Ӏуэхур къыщымынэу ди лъэри къызэраудащ, ди щхьэр здэтхьынум тхуэмыхьу.— Лэчымэ, 395
+1 örnek
[Мэмэт-щӀакъуэм Сеймэн жреӀэ:] Уи пыӀэкур къраудынщ, уечэнджэща [Къэзбэчым] – вэ, узыхуейри тесэ, планым хэтуи къомыгъэлъагъуэ – бригадэр сыту фӀыуэ лажьэрэ, сытуи гъавэ бэв къытрахрэ жаӀэу псори къохъуапсэ хуэдэу защӀынщ.— Лъапсэ, 49
Kitapta geçtiği hali
ПЫӀЭКУ: ◊ [и] пыӀэкур къиудын (4). Хурикъун, хуэфӀ хъун. Журтымрэ хьэрыпымрэ зызэраупсеяти, адыгэм я пыӀэкур къраудащ, дэ ди пыӀэкум Ӏуэхур къыщымынэу ди лъэри къызэраудащ, ди щхьэр здэтхьынум тхуэмыхьу. Лэчымэ, 395. [Мэмэт-щӀакъуэм Сеймэн жреӀэ:] Уи пыӀэкур къраудынщ, уечэнджэща [Къэзбэчым] – вэ, узыхуейри тесэ, планым хэтуи къомыгъэлъагъуэ – бригадэр сыту фӀыуэ лажьэрэ, сытуи гъавэ бэв къытрахрэ жаӀэу псори къохъуапсэ хуэдэу защӀынщ. Лъапсэ, 49.