пщӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КъэкӀыгъэ хасам зэран хуэхъу удз, ежьужьхэр ӀэкӀэ къичын е зыгуэркӀэ (хьэмфӀанэкӀэ) иудын, иупщӀыкӀын. ХьэмфӀанэкӀэ пщӀэн. Бжьын хьэсэр ӀэкӀэ пщӀэн. б) (мапщӀэ) Апхуэдэ лэжьыгъэ пэрытын.
руа) (епщӀэ) перех. гл. полоть, прополоть что-л.
неперех. гл. заниматься прополкой
+1 örnek
Зинэ .. и щхьэр къимыӀэту пщӀэрт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Ежьужь, удзыжь.
русорняк
Елдар пщӀэнри нартыхури зэдигъакӀуэу щӀыр къриудырт.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
ПщӀэн имыту, бэвыр изу ЩӀыр зетхьэну дыхыхьэнщ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
пщӀэн I а) (епщӀэ) перех. гл. полоть, прополоть что-л. / КъэкӀыгъэ хасам зэран хуэхъу удз, ежьужьхэр ӀэкӀэ къичын е зыгуэркӀэ (хьэмфӀанэкӀэ) иудын, иупщӀыкӀын. ХьэмфӀанэкӀэ пщӀэн. Бжьын хьэсэр ӀэкӀэ пщӀэн. б) (мапщӀэ) неперех. гл. заниматься прополкой / Апхуэдэ лэжьыгъэ пэрытын. * Зинэ .. и щхьэр къимыӀэту пщӀэрт. Къ. Хь. II сорняк / Ежьужь, удзыжь. * Елдар пщӀэнри нартыхури зэдигъакӀуэу щӀыр къриудырт. КӀ. А. ПщӀэн имыту, бэвыр изу ЩӀыр зетхьэну дыхыхьэнщ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(епщӀэ)
КъэкӀыгъэ хасам зэран хуэхъу удзыжьхэр къичын, иупщӀыкӀын.
Темботрэ Елдаррэ сабэр къаӀэту нартыху япщӀэрт, Лу цӀыкӀуи зэгуэрым епэщэщу хадэм ист.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113
+2 örnek
«Си убых къэбышх» жиӀэмэ, и лӀыр арат зи гугъу ищӀыр, къэбышхкӀэ абы уеджэнри тэмэмтэкъым, мычэму пщыр зекӀуэ кӀуэху ар и мыгъусэну Ӏэмал зимыӀэт, къыщыдэхуэм вэрт, пщӀэрт, мэкъу пиупщӀт, мэш къихырт, гуэдзыр Ӏуихыжырт, Ӏэщ игъэхъурт – Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу унагъуэ Ӏуэхум и ужь итт.— Лъапсэ, 29
[ЦӀыкӀущэ жиӀэу:] Уи къуитӀым хамэм я хадэ япщӀэ, уэ уи хадэр зыпщӀэн щымыӀэу нартыху-мэкъуу зэщӀэкӀэжащ.— Нэгъуху, 21
Kitapta geçtiği hali
ПЩӀЭН (епщӀэ) лъэӀ. (16). КъэкӀыгъэ хасам зэран хуэхъу удзыжьхэр къичын, иупщӀыкӀын. Темботрэ Елдаррэ сабэр къаӀэту нартыху япщӀэрт, Лу цӀыкӀуи зэгуэрым епэщэщу хадэм ист. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. «Си убых къэбышх» жиӀэмэ, и лӀыр арат зи гугъу ищӀыр, къэбышхкӀэ абы уеджэнри тэмэмтэкъым, мычэму пщыр зекӀуэ кӀуэху ар и мыгъусэну Ӏэмал зимыӀэт, къыщыдэхуэм вэрт, пщӀэрт, мэкъу пиупщӀт, мэш къихырт, гуэдзыр Ӏуихыжырт, Ӏэщ игъэхъурт – Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу унагъуэ Ӏуэхум и ужь итт. Лъапсэ, 29. [ЦӀыкӀущэ жиӀэу:] Уи къуитӀым хамэм я хадэ япщӀэ, уэ уи хадэр зыпщӀэн щымыӀэу нартыху-мэкъуу зэщӀэкӀэжащ. Нэгъуху, 21.