пщыжь-уэркъыжь
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Пщы, уэркъ с. ху. зэреджэ цӀэ.
русобирательное название дворян, князей и т. п.
Иужьым пщыжь-уэркъыжьхэм гукъеуэ ящӀу хуежьащ.— ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Пщыжь-уэркъыжь диӀэщи псори щхьэхуещэщ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
пщыжь-уэркъыжь собирательное название дворян, князей и т. п. / Пщы, уэркъ с. ху. зэреджэ цӀэ. * Иужьым пщыжь-уэркъыжьхэм гукъеуэ ящӀу хуежьащ. фольк. Пщыжь-уэркъыжь диӀэщи псори щхьэхуещэщ. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ХэӀэтыкӀауэ щыта, тепщэныгъэ зиӀа лъэпкъхэм (пщы, уэркъ с. ху.) я цӀэ зэдай.
Гъатхэпэм мазэр къихьагъащӀэу Псыхуабэ щызэхэта съездым къэкӀуа делегатхэмрэ пщыжь-уэркъыжьхэмрэ зэгурымыӀуэ хъури, къэрэхьэлъкъ делегатхэр ТэрчкъалэкӀэ емыкӀуэкӀыу хъуакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 242
+1 örnek
Пщыжь-уэркъыжьхэм я дзэр хадэхэм, мэкъу пыпхъуэхэм, гуэщхэм щӀэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, Мэтхъэным и отрядыр къызэрыкӀуэ уэрамым я пулеметхэр къытегъэпсауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320
Kitapta geçtiği hali
ПЩЫЖЬ-УЭРКЪЫЖЬ (8). ХэӀэтыкӀауэ щыта, тепщэныгъэ зиӀа лъэпкъхэм (пщы, уэркъ с. ху.) я цӀэ зэдай. Гъатхэпэм мазэр къихьагъащӀэу Псыхуабэ щызэхэта съездым къэкӀуа делегатхэмрэ пщыжь-уэркъыжьхэмрэ зэгурымыӀуэ хъури, къэрэхьэлъкъ делегатхэр ТэрчкъалэкӀэ емыкӀуэкӀыу хъуакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 242. Пщыжь-уэркъыжьхэм я дзэр хадэхэм, мэкъу пыпхъуэхэм, гуэщхэм щӀэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, Мэтхъэным и отрядыр къызэрыкӀуэ уэрамым я пулеметхэр къытегъэпсауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 320.