пшынэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пщын(ы)/пшынэ; ÇALGI
пщыны(хэр)/пшынэ(хэр), пщынэлъэ Ӏамэпсым/пшыналъэ Ӏэмэпсымэ, ИНСТРЮМЕНТ; ENSTRÜMAN
пщын/пшынэ, АКОРДЕОН → АДЫГЭ щынхэр; MIZIKA (PŞIN(E)
пшынэ(хэр) → пщыны(хэр); ENSTRÜMAN
пшынэ/пщын(ы), АКОРДЕОН → АДЫГЭ пщынхэр; ÇALGI, MIZIKA, (PŞINE)
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: пщыныхэр, адыгэ пщынхэр, адыгэ щынхэр
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи кур шэдыбжь теплъэ иӀэу зекӀуэ, макъамэ къызэрыкӀ Ӏэмэпсымэ.
ругармонь
Пшынэр мэбзэрабзэ, Ӏэгур мэжьых.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
+1 örnek
Ӏэпэ пшынэр зэпагъэури Пшынэ фӀыцӀэр къыхахьащ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
Bu maddedeki ifadeler (5)
и пшынэм къыдэфэн (дежьуун)
руплясать под чью-л. дудку.
Молэм и пшынэм Къыдэфэ хэтмэ Уафэм дэплъейурэ Жэнэт хуолъыхъуэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
пшынэ дыкъуакъуэ
Зи пшынэбзэхэр, гъущӀ чыданэхэр къандес теплъэ зиӀэ пхъэ дыкъуакъуэм ешэкӀа пхъэ пшынэ.
рукабардинский музыкальный инструмент наподобие арфы
Пшынэ дыкъуакъуэмрэ накъырэмрэ зыгъабзэ лӀитӀыр джэгуакӀуэм дежьурт уэрэдыр лъагэу яӀэту.— Теунэ Хьэчим
пшынэ Ӏэпэ
Пшынэ щеуэкӀэ чэзуурэ тракъузэу, трагъауэу ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ еблыха Ӏэпэхэр.
руклавиша гармони
Пшынауэм пшынэр мащӀэу зэгуех и къабзий ӀэпэхэмкӀэ пшынэ Ӏэпэм ирожэри егъэбзэрабзэ.— Ӏуащхьэмахуэ
+1 örnek
Абы и дежым джэгуакӀуэ Ӏэзэм и пшынэ Ӏэпэр хекъузэр.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
пшынэ Ӏэпэр щӀэуэн
рузапасть - о клавише гармони.
пшынэ Ӏэпэпс
Пшынауэм и Ӏэпхъуамбэшхуэ ижьыр зэрылъ фэ тхьэгъу.
рукожаное колечко для большого пальца на гармони
Пшынэ Ӏэпэпсыр зэпычащ.
Kitapta geçtiği hali
пшынэ гармонь / Зи кур шэдыбжь теплъэ иӀэу зекӀуэ, макъамэ къызэрыкӀ Ӏэмэпсымэ. * Пшынэр мэбзэрабзэ, Ӏэгур мэжьых. Къ. Хь. Ӏэпэ пшынэр зэпагъэури Пшынэ фӀыцӀэр къыхахьащ. Япэу лъ. з. И пшынэм къыдэфэн (дежьуун) плясать под чью-л. дудку. * Молэм и пшынэм Къыдэфэ хэтмэ Уафэм дэплъейурэ Жэнэт хуолъыхъуэ. П. Б. пшынэ дыкъуакъуэ кабардинский музыкальный инструмент наподобие арфы / Зи пшынэбзэхэр, гъущӀ чыданэхэр къандес теплъэ зиӀэ пхъэ дыкъуакъуэм ешэкӀа пхъэ пшынэ. * Пшынэ дыкъуакъуэмрэ накъырэмрэ зыгъабзэ лӀитӀыр джэгуакӀуэм дежьурт уэрэдыр лъагэу яӀэту. Т. Хь. пшынэ Ӏэпэ клавиша гармони / Пшынэ щеуэкӀэ чэзуурэ тракъузэу, трагъауэу ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ еблыха Ӏэпэхэр. * Пшынауэм пшынэр мащӀэу зэгуех и къабзий ӀэпэхэмкӀэ пшынэ Ӏэпэм ирожэри егъэбзэрабзэ. Ӏуащхь. Абы и дежым джэгуакӀуэ Ӏэзэм и пшынэ Ӏэпэр хекъузэр. Щ. А. Пшынэ Ӏэпэр щӀэуэн запасть - о клавише гармони. пшынэ Ӏэпэпс кожаное колечко для большого пальца на гармони / Пшынауэм и Ӏэпхъуамбэшхуэ ижьыр зэрылъ фэ тхьэгъу. Пшынэ Ӏэпэпсыр зэпычащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Макъамэ къызрагъэкӀ, къыздэфэ Ӏэмэпсымэ
ХьэщӀэщым къыпыт абджыпс верандэм пшынэ макъ къыщыӀуащ, зигу къэжанауэ стӀолым бгъэдэсхэр тэджурэ зырыз-тӀурытӀурэ абы кӀуащ, Бериерэ Кодоевымрэ фӀэкӀ къэмынэу.— Лъапсэ, 87
+1 örnek
ЩӀалэгъуалэр нобэ гъамэ, Щыгъуэу хэкур нэпсым хэлъщ, Е уэрэду пшынэм къикӀым Уэрэдыпкъыу хэкур хэлъщ.— УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75
Deyimler (1)
[и] пшынэм къыдэфэн
Зыгуэрым жиӀэм тетын, и уунафэм щӀэтын.
[Елбэздыкъуэ тхьэӀухудым жреӀэ:] – Абы [иныжьым] папщӀэ умышынэ, Къыдэфэнущ ар си пшынэм.— Елбэздыкъуэ, 17
Kitapta geçtiği hali
ПШЫНЭ (7). Макъамэ къызрагъэкӀ, къыздэфэ Ӏэмэпсымэ. ХьэщӀэщым къыпыт абджыпс верандэм пшынэ макъ къыщыӀуащ, зигу къэжанауэ стӀолым бгъэдэсхэр тэджурэ зырыз-тӀурытӀурэ абы кӀуащ, Бериерэ Кодоевымрэ фӀэкӀ къэмынэу. Лъапсэ, 87. ЩӀалэгъуалэр нобэ гъамэ, Щыгъуэу хэкур нэпсым хэлъщ, Е уэрэду пшынэм къикӀым Уэрэдыпкъыу хэкур хэлъщ. УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75. ◊ [И] пшынэм къыдэфэн (1). Зыгуэрым жиӀэм тетын, и уунафэм щӀэтын. [Елбэздыкъуэ тхьэӀухудым жреӀэ:] – Абы [иныжьым] папщӀэ умышынэ, Къыдэфэнущ ар си пшынэм. «Елбэздыкъуэ», 17.