пшынафэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хъыджэбз цӀыкӀур пшынэ еуэным дихьэхамэ, ауэ я унагъуэм пшынэ къыхуамыщэхуфмэ, щӀалэгъуалэ зэхэс ящӀрэ пшынэ уасэ зэхрагъадзэу щыӀа хабзэщ.
Пшынафэ пщӀымэ, хьэщӀэм ирафын махъсымэ хуэщӀынрэ хуэмыщӀынрэ ищӀэртэкъым.— Къалэн, 429
+1 örnek
И пхъум ещхьу лъэгъугъуафӀэ цӀыкӀут, ауэ иджыри джэгу хыхьатэкъым, пшынауэ зищӀыну и нэ къыхуикӀырти, пшынафэ ищӀурэ ахъшэ зэхуихьэсу пшынэ къищэхуну мурад ищӀащ.— ГущӀэгъу, 429
Kitapta geçtiği hali
ПШЫНАФЭ: ПШЫНАФЭ ЩӀЫН (2). Хъыджэбз цӀыкӀур пшынэ еуэным дихьэхамэ, ауэ я унагъуэм пшынэ къыхуамыщэхуфмэ, щӀалэгъуалэ зэхэс ящӀрэ пшынэ уасэ зэхрагъадзэу щыӀа хабзэщ. Пшынафэ пщӀымэ, хьэщӀэм ирафын махъсымэ хуэщӀынрэ хуэмыщӀынрэ ищӀэртэкъым. Къалэн, 429. И пхъум ещхьу лъэгъугъуафӀэ цӀыкӀут, ауэ иджыри джэгу хыхьатэкъым, пшынауэ зищӀыну и нэ къыхуикӀырти, пшынафэ ищӀурэ ахъшэ зэхуихьэсу пшынэ къищэхуну мурад ищӀащ. ГущӀэгъу, 429.