пхъэр
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ДыгъуакӀуэ, теуэ с. ху. кӀэлъыщӀэпхъуэныгъэ.
рупогоня, преследование
ЦӀыху ирахьэжьэу пхъэр хъуам, а зэшитӀым {Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ} япэ шу шэсыртэкъым.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр
2. ГузэвэгъуэкӀэ зыгуэрым лъыхъуэну ежьахэр.
рупоисковая группа, поднятая по тревоге
Пхъэру мэзым ягъэкӀуахэм Беслъэныр къагъуэтыжащ жыгым щӀипӀытӀауэ.— Теунэ Хьэчим
3. Ӏуэху пӀэщӀэгъуэ зи пщэ иралъхьэу ирагъэжьа цӀыху.
рунарочный, гонец, курьер
Фэ фи гугъуехьыр вдэзгъэзэщӀэнуэ Налшык шу пхъэрыр згъэкӀуащ.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
Bu maddedeki ifadeler (1)
пхъэр щӀын
руустроить погоню за кем-л.
Япэ иту накӀуэ мэзым, зиусхьэнхэм пхъэр ящӀ хъумэ, ахэр Ӏуэхукъым дэ дызмэ.— Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
пхъэр 1. погоня, преследование / ДыгъуакӀуэ, теуэ с. ху. кӀэлъыщӀэпхъуэныгъэ. * ЦӀыху ирахьэжьэу пхъэр хъуам, а зэшитӀым {Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ} япэ шу шэсыртэкъым. Ад. фольк. 2. поисковая группа, поднятая по тревоге / ГузэвэгъуэкӀэ зыгуэрым лъыхъуэну ежьахэр. * Пхъэру мэзым ягъэкӀуахэм Беслъэныр къагъуэтыжащ жыгым щӀипӀытӀауэ. Т. Хь. 3. нарочный, гонец, курьер / Ӏуэху пӀэщӀэгъуэ зи пщэ иралъхьэу ирагъэжьа цӀыху. * Фэ фи гугъуехьыр вдэзгъэзэщӀэнуэ Налшык шу пхъэрыр згъэкӀуащ. Щ. А. Пхъэр щӀын устроить погоню за кем-л. * Япэ иту накӀуэ мэзым, зиусхьэнхэм пхъэр ящӀ хъумэ, ахэр Ӏуэхукъым дэ дызмэ. Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ДыгъуакӀуэ, теуэ с.ху. гуэрхэм кӀэлъыщӀэпхъуэныгъэ.
ШыдыгъуитӀым языр къуэгъэнапӀэ къуэувэри пхъэрыр япэ иригъэщауэ арати, Астемыр щыуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 170
+2 örnek
[Дэфэрэдж] Пхъэр и ужь щӀимытри гурыӀуэгъуэщ: емынэ уз къофыкӀыу щыжыпӀакӀэ, хэт къыпхуэгузэвэн, щӀы къатиблым еух жаӀэнщи, ежьэжынщ, хъыджэбз цӀыкӀухэми «емынэ уз зэфыкӀ къытхэтащ» жаӀэмэ, зыми ищэхунукъыми, я жьэм къыжьэдэкӀыу ядэнутэкъым.— Лъапсэ, 53
Щэрданхэ нэхъ шыфӀ дыдэу яӀари лъэныкъуэегъэз ищӀри Жыраслъэн унэмрэ шэщымрэ мафӀэ щӀидзэжащ, «ар ягъэукӀыфӀу и ужь итурэ пхъэр ныскӀэлъагъэкӀуэнкъым», - жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256
Kitapta geçtiği hali
ПХЪЭР (5). ДыгъуакӀуэ, теуэ с.ху. гуэрхэм кӀэлъыщӀэпхъуэныгъэ. ШыдыгъуитӀым языр къуэгъэнапӀэ къуэувэри пхъэрыр япэ иригъэщауэ арати, Астемыр щыуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. [Дэфэрэдж] Пхъэр и ужь щӀимытри гурыӀуэгъуэщ: емынэ уз къофыкӀыу щыжыпӀакӀэ, хэт къыпхуэгузэвэн, щӀы къатиблым еух жаӀэнщи, ежьэжынщ, хъыджэбз цӀыкӀухэми «емынэ уз зэфыкӀ къытхэтащ» жаӀэмэ, зыми ищэхунукъыми, я жьэм къыжьэдэкӀыу ядэнутэкъым. Лъапсэ, 53. Щэрданхэ нэхъ шыфӀ дыдэу яӀари лъэныкъуэегъэз ищӀри Жыраслъэн унэмрэ шэщымрэ мафӀэ щӀидзэжащ, «ар ягъэукӀыфӀу и ужь итурэ пхъэр ныскӀэлъагъэкӀуэнкъым», - жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 256.