пулемет
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Шэ куэд зэрыкӀ псынщӀэрыуэ Ӏэщэ.
Пщыжь-уэркъыжьхэм я дзэр хадэхэм, мэкъу пыпхъуэхэм, гуэщхэм щӀэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, Мэтхъэным и отрядыр къызэрыкӀуэ уэрамым я пулеметхэр къытегъэпсауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320
+2 örnek
ЦӀыхур зэрызекъуэу щыта нэужь, тутнакъэщымкӀэ еӀащ щӀэсыр хуит ящӀыжыну, арщхьэкӀэ унащхьэм тет пулеметымкӀэ къеуэ щыхъум, цӀыхур къэгужьеяуэ, ӀэлфӀыцӀэм хуэдэу хъуауэ, я диным икӀащ, уӀэгъэ хъуа, къаукӀа щалъагъум.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
Къырым и щхьэм адэкӀэ-мыдэкӀэ бгъуэнщӀагъхэм Локотош пулемет сытхэр иригъэуващ, нэхъ лъахъшэӀуэу – миномет, топ уапӀэ ищӀащ, партизанхэр къуэгъэнапӀэ хъарзынэхэм къуэсу игъэтӀысащ, уалъэӀэсыну Ӏэмал закъуэ имыӀэу.— Нал къута, 299
Kitapta geçtiği hali
ПУЛЕМЕТ (33). Шэ куэд зэрыкӀ псынщӀэрыуэ Ӏэщэ. Пщыжь-уэркъыжьхэм я дзэр хадэхэм, мэкъу пыпхъуэхэм, гуэщхэм щӀэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, Мэтхъэным и отрядыр къызэрыкӀуэ уэрамым я пулеметхэр къытегъэпсауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. ЦӀыхур зэрызекъуэу щыта нэужь, тутнакъэщымкӀэ еӀащ щӀэсыр хуит ящӀыжыну, арщхьэкӀэ унащхьэм тет пулеметымкӀэ къеуэ щыхъум, цӀыхур къэгужьеяуэ, ӀэлфӀыцӀэм хуэдэу хъуауэ, я диным икӀащ, уӀэгъэ хъуа, къаукӀа щалъагъум. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Къырым и щхьэм адэкӀэ-мыдэкӀэ бгъуэнщӀагъхэм Локотош пулемет сытхэр иригъэуващ, нэхъ лъахъшэӀуэу – миномет, топ уапӀэ ищӀащ, партизанхэр къуэгъэнапӀэ хъарзынэхэм къуэсу игъэтӀысащ, уалъэӀэсыну Ӏэмал закъуэ имыӀэу. Нал къута, 299.