пудын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(пудщ)
1. Уасэр мылъэгэн, мылъапӀэу щытын. ЩӀыхьыншэу щытын, пщӀэ имыӀэж хъун.
рубыть дешёвым 2
- Уи сомри лъапӀэу, уи щхьэри лъапӀэу зэрыщымытынур пщӀэркъэ - тӀум языр пудын хуейщ, - жеӀэ Хьэмзэт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
+2 örnek
переносное— унижаться
Щхьэщытхъур дыгъум икӀэжщ, мыдыгъу дыгъуфэщи пудщ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
пудын (пудщ) неперех. гл. 1. быть дешёвым / Уасэр мылъэгэн, мылъапӀэу щытын. * - Уи сомри лъапӀэу, уи щхьэри лъапӀэу зэрыщымытынур пщӀэркъэ - тӀум языр пудын хуейщ, - жеӀэ Хьэмзэт. Къ. Хь. 2. переносное унижаться / ЩӀыхьыншэу щытын, пщӀэ имыӀэж хъун. * Щхьэщытхъур дыгъум икӀэжщ, мыдыгъу дыгъуфэщи пудщ. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(пудщ)
Уасэр мылъагэн, лъапӀэу щымытын.
Бекъан дэни къыщищӀа КъалэкӀыхь лъэныкъуэмкӀэ Ӏэщыр зэрыпудыр?— Нал къута, 291
+1 örnek
Хэт и пщӀантӀи къыдэлъадэ, Ди хэку хьэщӀэ мыпудын, Ди нэхъыжьу ди тхьэмадэм ХьэщӀэм уи Ӏэр иубыдынщ.— Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100
Kitapta geçtiği hali
ПУДЫН (пудщ) лъэмыӀ. (2). Уасэр мылъагэн, лъапӀэу щымытын. Бекъан дэни къыщищӀа КъалэкӀыхь лъэныкъуэмкӀэ Ӏэщыр зэрыпудыр? Нал къута, 291. Хэт и пщӀантӀи къыдэлъадэ, Ди хэку хьэщӀэ мыпудын, Ди нэхъыжьу ди тхьэмадэм ХьэщӀэм уи Ӏэр иубыдынщ. Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100.