псэукӀэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ПСЭУКӀЭДАХ(Э), псэукӀэшӀу/ ПСЭУКӀ(Э), щыӀакӀ/щыӀэкӀэ; GEÇİM
щыӀакӀ/щыӀэкӀэ, ПСЭУКӀ(Э); GEÇİM
щыӀэкӀэ/щыӀакӀ, ПСЭУКӀ(Э); GEÇİM
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ГъащӀэр зэригъакӀуэ, зэрыпсэу щӀыкӀэ.
руобраз жизни, быт
ПсэукӀэр егъэфӀэкӀуэн. ПсэукӀэр зэӀыхьэмэ акъылри зэӀохьэ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
псэукӀэ образ жизни, быт / ГъащӀэр зэригъакӀуэ, зэрыпсэу щӀыкӀэ. * ПсэукӀэр егъэфӀэкӀуэн. ПсэукӀэр зэӀыхьэмэ акъылри зэӀохьэ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ГъащӀэр зэрагъакӀуэ, зэрыпсэу щӀыкӀэ.
[Дэфэрэдж:] ГъэщӀэгъуэнкъэ, Петербург къалэм дэса Пушкиным адыгэм я псэукӀам нэхъыбэ хищӀыкӀыу къыщӀэкӀащ сэ хэкум ису къэгъуэгурыкӀуам нэхърэ.— Лъапсэ, 7
+2 örnek
Къазджэрий и гугъат: Тыркум, Щам адыгэу Ӏэджэ щыӀэщ, сыкӀуэнщ абыхэм дежи сакъыхэплъэнщ, сахэупщӀыхьынщ, я псэукӀэр зытеухуар зэзгъэлъагъунщ, шэрихьэтым, диным къахуихьыр зэзгъэщӀэнщи фӀы ядэслъагъурэ – фӀыр ди хэкум къахуэсхьынщ, сигу иримыхьын слъагъурэ – абы и Ӏуэхур щхьэхуэщ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
Алий ди псэукӀэм гу къылъита нэужь, директорым хуэтхьэусыхащ, езыми дызэхуишэсри къыдэущиящ нэхъыжьхэм я нэӀэ нэхъ цӀыкӀум къыттетын хуейуэ игъащӀэми ар адыгэм хабзэу яхэлъщ, жиӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522
Kitapta geçtiği hali
ПСЭУКӀЭ (25). ГъащӀэр зэрагъакӀуэ, зэрыпсэу щӀыкӀэ. [Дэфэрэдж:] ГъэщӀэгъуэнкъэ, Петербург къалэм дэса Пушкиным адыгэм я псэукӀам нэхъыбэ хищӀыкӀыу къыщӀэкӀащ сэ хэкум ису къэгъуэгурыкӀуам нэхърэ. Лъапсэ, 7. Къазджэрий и гугъат: Тыркум, Щам адыгэу Ӏэджэ щыӀэщ, сыкӀуэнщ абыхэм дежи сакъыхэплъэнщ, сахэупщӀыхьынщ, я псэукӀэр зытеухуар зэзгъэлъагъунщ, шэрихьэтым, диным къахуихьыр зэзгъэщӀэнщи фӀы ядэслъагъурэ – фӀыр ди хэкум къахуэсхьынщ, сигу иримыхьын слъагъурэ – абы и Ӏуэхур щхьэхуэщ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Алий ди псэукӀэм гу къылъита нэужь, директорым хуэтхьэусыхащ, езыми дызэхуишэсри къыдэущиящ нэхъыжьхэм я нэӀэ нэхъ цӀыкӀум къыттетын хуейуэ игъащӀэми ар адыгэм хабзэу яхэлъщ, жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522.