псэлъэрей
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Куэдрэ псэлъэн зыфӀэфӀ.
руразговорчивый; болтливый
Псэлъэрейр Ӏуэхуншэщ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
псэлъэрей разговорчивый; болтливый / Куэдрэ псэлъэн зыфӀэфӀ. * Псэлъэрейр Ӏуэхуншэщ. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Куэдрэ псэлъэн зыфӀэфӀ.
Модрей тӀур [Степан Ильичрэ Астемыррэ] щым зэрыхъуу, Думэсарэ къыхидзэжащ: - АтӀэ, си щӀалэ, емыкӀу сыкъыумыщӀ, мы фыз ерыщыр сыту псэлъэрей хъуа жыпӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
+2 örnek
ИгъащӀэм фыз хьэлэлу, лъагъугъуафӀэу, псэлъэрейуэ гу лъыумытэу щытар жьакӀуэ бэлыхь хъуат, куэдми гу лъитауэ, Ӏэджэми и акъылыр хунэсу Ӏущ хъуат [Думэсарэ].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546
Нэхъ псэлъэрейуэ, жьы мыхъуами, я бынхэр ин зэрыхъуам къыхэкӀкӀэ лэжьэн щызыгъэтыжахэр мэжджытым Ӏут кӀэлындор кӀыхьым тетӀысхьауэ езыр-езыру зэныкъуэкъухэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 77
Kitapta geçtiği hali
ПСЭЛЪЭРЕЙ (7). Куэдрэ псэлъэн зыфӀэфӀ. Модрей тӀур [Степан Ильичрэ Астемыррэ] щым зэрыхъуу, Думэсарэ къыхидзэжащ: - АтӀэ, си щӀалэ, емыкӀу сыкъыумыщӀ, мы фыз ерыщыр сыту псэлъэрей хъуа жыпӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. ИгъащӀэм фыз хьэлэлу, лъагъугъуафӀэу, псэлъэрейуэ гу лъыумытэу щытар жьакӀуэ бэлыхь хъуат, куэдми гу лъитауэ, Ӏэджэми и акъылыр хунэсу Ӏущ хъуат [Думэсарэ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546. Нэхъ псэлъэрейуэ, жьы мыхъуами, я бынхэр ин зэрыхъуам къыхэкӀкӀэ лэжьэн щызыгъэтыжахэр мэжджытым Ӏут кӀэлындор кӀыхьым тетӀысхьауэ езыр-езыру зэныкъуэкъухэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 77.