псэлъэгъу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэдэпсэлъэну гъусэ; уэршэрэгъу.
русобеседник
Исмел и фызым и пӀалъэр ищӀэжырти, абы сыт жимыӀами, дауэ зимыщӀами псэлъэгъурэ ныкъуэкъуэгъурэ ищӀыртэкъым.— Теунэ Хьэчим
Kitapta geçtiği hali
псэлъэгъу собеседник / Зэдэпсэлъэну гъусэ; уэршэрэгъу. * Исмел и фызым и пӀалъэр ищӀэжырти, абы сыт жимыӀами, дауэ зимыщӀами псэлъэгъурэ ныкъуэкъуэгъурэ ищӀыртэкъым. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Уэршэрэгъу; зыдэпсэлъэн гъусэ.
А фызитӀыр псэлъэну тӀысамэ, къэзыгъэувыӀэн дунейм теттэкъым, щхьэлыпсыр дагъэуэхыху, щхьэлыр зэрымыувыӀэм ещхьу, псэлъэгъу ящӀам и щхьэр яужэгъуу ӀумыкӀыжауэ щагъэтыжыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271
+2 örnek
ХьэщӀэр игъэтӀысри, Яков Борисовичи зыхуейр арат – псэлъэгъут, ищӀэр жиӀэу хуежьащ.— Нал къута, 235
ГущӀэгъу къыхуищӀырт дэтхэнэм, И щӀэупщӀакӀуэр и куэдт, Зэрызэуахэм и гугъур Хэт и псэлъэгъуми хуиӀуатэрт.— Адэ, 136
Kitapta geçtiği hali
ПСЭЛЪЭГЪУ (5). Уэршэрэгъу; зыдэпсэлъэн гъусэ. А фызитӀыр псэлъэну тӀысамэ, къэзыгъэувыӀэн дунейм теттэкъым, щхьэлыпсыр дагъэуэхыху, щхьэлыр зэрымыувыӀэм ещхьу, псэлъэгъу ящӀам и щхьэр яужэгъуу ӀумыкӀыжауэ щагъэтыжыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 271. ХьэщӀэр игъэтӀысри, Яков Борисовичи зыхуейр арат – псэлъэгъут, ищӀэр жиӀэу хуежьащ. Нал къута, 235. ГущӀэгъу къыхуищӀырт дэтхэнэм, И щӀэупщӀакӀуэр и куэдт, Зэрызэуахэм и гугъур Хэт и псэлъэгъуми хуиӀуатэрт. «Адэ», 136.