псы
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ПСЫ; SU
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Псыежэх, тенджыз, гуэл сытхэр къэзыгъэхъу ущызэкӀэщӀэплъ ткӀуаткӀуэ.
рувода
Шыгъу зышхар псы йофэж.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Псыр псэ пылъхьэжщ.— Псалъэжьхэр
2. Псыежэх.
рурека
Лъагъуэхэш ажэжьхэр псы уэрым пэмылъэщу ирихьэжьэрэ хъушэр абы кӀэлъелъэрышэмэ, куэд итхьэлэнкӀэ хъунут.— Теунэ Хьэчим
+1 örnek
Псы икӀыгъуэм унэмысу уи кӀэр думыхьей.— Псалъэжьхэр
1.
рушнурок
2. Сумкэ, портфель с. ху. яӀэ убыдыпӀэ.
руручка чего-л.
Bu maddedeki ifadeler (50)
псибл икӀын
рукануть в вечность (букв. оно уже за семью реками).
псы гъэва
рукипяченная вода.
Пщэдджыжьым ХьэтӀутӀэ псы гъэвакӀэ зэхэпща хьэкъуртыр ишхри лӀыщӀапӀэм къэкӀуащ.— Жаным Борис
псы игъэжыхьыжын
руразорить дотла подчистую что-л.
ЖьакӀэжь и лъапсэм псы идгъэжыхьыжынщи ди Сэтэней гуащэ дахэр тхьыжынщ, - яжриӀащ Уэзырмэс нартхэм.— Нартхэр
псы мэхын
псы хуэлӀэн
46 ifade daha
псы утхъуам бдзэжьей къыщыубыдын
рув мутной воде ловить рыбу.
псы хыхьэн
рупропитаться водой.
ЦейлъэщӀым псы хуабжьу хыхьэри шыдым и хьэлъэр куэдкӀэ нэхъ уэндэгъу хъуащ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
псы хуэлӀэн
руиспытывать жажду.
Ажэр псы хуэлӀэ хъуати бгым ехри псыкъуийм бгъэдыхьащ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
псы щӀэгъэуэн
рузатопить.
псы щӀэуауэ къэнэн
руостаться ни с чем, разориться.
псым итхьэлэн
руутонуть.
Бдзэжьей цӀыкӀу псышхуэ итхьэлэрэ?— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Инжыдж узэпрыкӀ хъуну псытэкъым - шыбэри Ӏэщ хъушэри итхьэлащ.— Нартхэр
псым иубыдын
псы хуэлӀэн
Пхъэри ислъхьауэ, тӀэкӀуи сешауэ, псым сиубыдати, адэ.. къуэмкӀэ сежьащ.— Елгъэр Кашиф
псым тхъу техын
рупереливать из пустого в порожнее (букв. с воды снимать коровье масло).
псым хуэдэу къэфэн
рутанцевать плавно (букв. танцевать как вода).
Псым хуэдэу уаулъагъу!
руЧтоб тебя (люди) стали ценить так же, как и воду!
псым щӀилъэфэн
рупойти ко дну, утонуть.
псыр щӀэкӀын
рувысыхать.
псы бабыщ
Шэд къамылылъэхэм щыпсэу бабыщыщхъуэ.
русерая утка
Псы бабыщым и лыр ӀэфӀщ.
псы бзу
Зи дамэхэр кӀэщӀ, бзу гъуабжэ кӀагуэ лъакъуэ кӀыхь цӀыкӀу.
руоляпка, водяной воробей
Псы бзур нэхъыбэрэ щыгъуалъхьэр псы Ӏуфэ пабжьэ зэгъуэкӀхэрщ.
псы бланэ
ЩӀыӀубнэфым ещхьыфэ дзыгъуэ лъэпкъ.
рубобр
Псы бланэр нэхъыбэрэ мэзым щӀэж псыхэм щопсэу.
псы дэгъэуэхыпӀэ
Псыр зыхуей кӀэнауэм щыдагъэлъадэ, щагуэш щӀапӀэ.
руместо пуска воды по определённым руслам
Псы дэгъэуэхыпӀэ щӀын.
псы джэд
Шэдыр зи псэупӀэ джэд лъэпкъ.
рулысуха (птица)
Псы джэд псым итхьэлэкъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихькъым.
псы дзыгъуэ
Псым щыпсэу дзыгъуэ.
руводяная полевка (водяная крыса)
Псы дзыгъуэм пыт кӀэ кӀэщӀыр щескӀэ къегъэсэбэп.
псы ефапӀэ
Ӏэщыр псы щрагъафэу псыежэх, гуэл с. ху. яӀэ щӀыпӀэ хэха.
руводопой
Шыхэр псы ефапӀэм хун.
псы зешапӀэ
Псыр бжьамийхэмкӀэ зэрызэрашэ ухуэныгъэ.
руводопровод
Къуажэхэм псы зешапӀэхэр щащӀащ.
псы ина
Уэшх нэужьым, уэсыр щыткӀукӀэ е псы къытеуа нэужь кумблӀэмбхэм къинэ псы.
рулужа
Машинэм псы инахэр иутхыурэ мажэ.
псы куу
Зи гущӀыӀумрэ зи лъащӀэмрэ зэпэӀэщӀэ псы.
руглубоководный
Псы куухэм кхъухь щызокӀуэ.
псы кӀантӀэ
Псыежэх цӀыкӀу.
руручей
псы кӀэнтхъ
Псы кӀэкъинэ.
рунезначительный остаток воды (после запруды или пересыхания)
Псы кӀэнтхъ икӀутын.
псы къиуа
Уэсымрэ мылымрэ куэду ткӀууэ е уэшхышхуэ къешхыху псыр ину къежэхыныгъэ.
руразлив, половодье
Псы къиуам нэри пэри ихьу йожэх. Псы къиуам хэхуэн.
псы къыпыжыпӀэ
Псыр къыщыпыж, къызыпыж.
руводосток
Псы къыпыжыпӀэр пыщтыкӀат.
+1 örnek
Псы къыпыжыпӀэм пэгун щӀэгъэувэн.
псы къыхэжыпӀэ
Псыежэхым и къежьапӀэ.
руисток реки
псы къуэкӀий
Темботрэ Исуфрэ шыгъуэгу щхьэгъубжэмкӀэ долъ, бжыхьым щхьэдолъыхри псы къуэкӀийм долъадэ.— Щомахуэ Амырхъан
Еплъ: псыбэкъу
псы нэпкъ
Псы Ӏуфэ задэ.
руобрывистый крутой берег
псы ныджэ
Псы къыщиуам деж щӀигъанэ щӀыналъэр.
рупойма реки
Си наджэ-къаджэм псы ныджэ пшахъуэр яубэ...— Къэбэрдей поэзием и антологие
псы уэрыпӀэ
Псыежэхыр нэхъ щыуэр щӀыпӀэ.
рустремнина (в реке)
Псы уэрыпӀэм щынэсым шур шым кърихьэхащ.
псы хэлъэдапӀэ
Псы ежэхыр тенджызым, гуэлым е нэгъуэщӀ псыежэхым щыхэхуэж щӀыпӀэ.
руустье реки
псы хэхуапӀэ
Уз гуэрхэм зэреӀэзэ псы.
рупсы хэхуэжыпӀэ см. псы хэлъэдапӀэ. псы хущхъуэ целебная вода, лечебный источник
Ди республикэр псы хущхъуэхэмкӀэ къулейщ.
Еплъ: псы хэлъэдапӀэ. псы хэхуэжыпӀэ, псы хэлъэдапӀэ. псы хущхъуэ
псы хьэлывэ
Кхъуейлъалъэ, кӀэртӀоф с. ху. дэлъу гъэва хьэлывэ цӀыкӀу.
рувареник
Псы хьэлывэ щӀын.
псы хъумапӀэ
Псы щахъумэн папщӀэ ящӀа гуэл ӀэрыщӀ.
руводохранилище
псы шындырхъуо
КӀэпӀащӀэ зиӀэ, псым щесыф, шындырхъуом ещхь псэущхьэ.
рутритон (хвостатое земноводное)
псы щхьэл
Псым игъэхьэжэ щхьэл.
руводяная мельница
псы щӀагъ
Псым и лъащӀэ.
рудно (реки)
Псыр къабзэти псы щӀагъым щӀэлъ псори плъагъурт.
псы щӀагъ кхъухь
Псы щӀагъым щызекӀуэ кхъухь.
руподводная лодка
Псы щӀагъ кхъухьым къулыкъу щыщӀэн.
псы ӀэфӀ
Газ зыхэт, пхъэщхьэмыщхьэпс ӀэфӀ зыхэкӀа псы.
ругазированная вода с сиропом
Псы ӀэфӀ ефэн.
псы Ӏуб
Псы ткӀуэпс, гъаткӀуэ, псы еӀубыгъуэ.
руглоток воды
Пхъэру къажэм псы Ӏуб ягъуэткъым.— ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Дыгъужьыгъуэ хьэкхъуафэм итым щыщу зы псы Ӏуби сӀухуакъым.— Нартхэр
псы Ӏуфэ
Псыежэхыр зыдэт къуэм и джабитӀ псым хуэгъэзар.
руберег реки
КӀукӀуэ нэпкъым ехри псы Ӏуфэм Ӏулъ мывэ гуэрым тетӀысхьащ.— Ӏуащхьэмахуэ
+1 örnek
Псы Ӏуфэм Ӏусым икӀыпӀэр ещӀэ.— Псалъэжьхэр
псы Ӏуфэ мылу зыӀуегъэхын
руубраться, уйти с глаз долой.
псы Ӏуфэ мылу ӀугъэсыкӀын
рузаставить кого-л. уйти, убраться.
Пщы ябгэм и гъунэгъуу хамэ гуэр къэтӀысамэ, псы Ӏуфэ мылу ӀуигъэсыкӀырт.— Къэбэрдей таурыхъхэр
псы Ӏуфэ бзу
Псыхъуэм дэсырей бзу кӀэ кӀыхь цӀыкӀу; мывэкӀэпыс.
рутрясогузка (птица)
Kitapta geçtiği hali
псы I 1. вода / Псыежэх, тенджыз, гуэл сытхэр къэзыгъэхъу ущызэкӀэщӀэплъ ткӀуаткӀуэ. * Шыгъу зышхар псы йофэж. (погов.) Псыр псэ пылъхьэжщ. (погов.) 2. река / Псыежэх. * Лъагъуэхэш ажэжьхэр псы уэрым пэмылъэщу ирихьэжьэрэ хъушэр абы кӀэлъелъэрышэмэ, куэд итхьэлэнкӀэ хъунут. Т. Хь. Псы икӀыгъуэм унэмысу уи кӀэр думыхьей. (погов.) Псибл икӀын кануть в вечность (букв. оно уже за семью реками). Псы гъэва кипяченная вода. * Пщэдджыжьым ХьэтӀутӀэ псы гъэвакӀэ зэхэпща хьэкъуртыр ишхри лӀыщӀапӀэм къэкӀуащ. Ж. Б. Псы игъэжыхьыжын разорить дотла подчистую что-л. * ЖьакӀэжь и лъапсэм псы идгъэжыхьыжынщи ди Сэтэней гуащэ дахэр тхьыжынщ, - яжриӀащ Уэзырмэс нартхэм. Нарт. Псы мэхын = псы хуэлӀэн. Псы утхъуам бдзэжьей къыщыубыдын в мутной воде ловить рыбу. Псы хыхьэн пропитаться водой. * ЦейлъэщӀым псы хуабжьу хыхьэри шыдым и хьэлъэр куэдкӀэ нэхъ уэндэгъу хъуащ. Япэу лъ. з. Псы хуэлӀэн испытывать жажду. * Ажэр псы хуэлӀэ хъуати бгым ехри псыкъуийм бгъэдыхьащ. Япэу лъ. з. Псы щӀэгъэуэн затопить. Псы щӀэуауэ къэнэн остаться ни с чем, разориться. Псым итхьэлэн утонуть. * Бдзэжьей цӀыкӀу псышхуэ итхьэлэрэ? (погов.) Инжыдж узэпрыкӀ хъуну псытэкъым - шыбэри Ӏэщ хъушэри итхьэлащ. Нарт. Псым иубыдын = псы хуэлӀэн. * Пхъэри ислъхьауэ, тӀэкӀуи сешауэ, псым сиубыдати, адэ.. къуэмкӀэ сежьащ. Е. К. Псым тхъу техын переливать из пустого в порожнее (букв. с воды снимать коровье масло). Псым хуэдэу къэфэн танцевать плавно (букв. танцевать как вода). Псым хуэдэу уаулъагъу! Чтоб тебя (люди) стали ценить так же, как и воду! Псым щӀилъэфэн пойти ко дну, утонуть. Псыр щӀэкӀын высыхать. псы бабыщ серая утка / Шэд къамылылъэхэм щыпсэу бабыщыщхъуэ. Псы бабыщым и лыр ӀэфӀщ. псы бзу оляпка, водяной воробей / Зи дамэхэр кӀэщӀ, бзу гъуабжэ кӀагуэ лъакъуэ кӀыхь цӀыкӀу. Псы бзур нэхъыбэрэ щыгъуалъхьэр псы Ӏуфэ пабжьэ зэгъуэкӀхэрщ. псы бланэ бобр / ЩӀыӀубнэфым ещхьыфэ дзыгъуэ лъэпкъ. Псы бланэр нэхъыбэрэ мэзым щӀэж псыхэм щопсэу. псы дэгъэуэхыпӀэ место пуска воды по определённым руслам / Псыр зыхуей кӀэнауэм щыдагъэлъадэ, щагуэш щӀапӀэ. * Псы дэгъэуэхыпӀэ щӀын. псы джэд лысуха (птица) / Шэдыр зи псэупӀэ джэд лъэпкъ. Псы джэд псым итхьэлэкъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихькъым. псы дзыгъуэ водяная полевка (водяная крыса) / Псым щыпсэу дзыгъуэ. Псы дзыгъуэм пыт кӀэ кӀэщӀыр щескӀэ къегъэсэбэп. псы ефапӀэ водопой / Ӏэщыр псы щрагъафэу псыежэх, гуэл с. ху. яӀэ щӀыпӀэ хэха. Шыхэр псы ефапӀэм хун. псы жапӀэ см. псы бэкъу. * Псы жапӀэу дэ тхуащӀахэм Тэрч ӀурыщӀэу тетщи къожэр. П. Б. псы зешапӀэ водопровод / Псыр бжьамийхэмкӀэ зэрызэрашэ ухуэныгъэ. Къуажэхэм псы зешапӀэхэр щащӀащ. псы ина лужа / Уэшх нэужьым, уэсыр щыткӀукӀэ е псы къытеуа нэужь кумблӀэмбхэм къинэ псы. Машинэм псы инахэр иутхыурэ мажэ. псы куу глубоководный / Зи гущӀыӀумрэ зи лъащӀэмрэ зэпэӀэщӀэ псы. Псы куухэм кхъухь щызокӀуэ. псы кӀантӀэ ручей / Псыежэх цӀыкӀу. псы кӀэнтхъ незначительный остаток воды (после запруды или пересыхания) / Псы кӀэкъинэ. Псы кӀэнтхъ икӀутын. псы къиуа разлив, половодье / Уэсымрэ мылымрэ куэду ткӀууэ е уэшхышхуэ къешхыху псыр ину къежэхыныгъэ. Псы къиуам нэри пэри ихьу йожэх. Псы къиуам хэхуэн. псы къыпыжыпӀэ водосток / Псыр къыщыпыж, къызыпыж. Псы къыпыжыпӀэр пыщтыкӀат. * Псы къыпыжыпӀэм пэгун щӀэгъэувэн. псы къыхэжыпӀэ исток реки / Псыежэхым и къежьапӀэ. псы къуэкӀий см. псыбэкъу. * Темботрэ Исуфрэ шыгъуэгу щхьэгъубжэмкӀэ долъ, бжыхьым щхьэдолъыхри псы къуэкӀийм долъадэ. Щ. Ам. псы нэпкъ обрывистый крутой берег / Псы Ӏуфэ задэ. псы ныджэ пойма реки / Псы къыщиуам деж щӀигъанэ щӀыналъэр. * Си наджэ-къаджэм псы ныджэ пшахъуэр яубэ... Къэб. п. и ант. псы уэрыпӀэ стремнина (в реке) / Псыежэхыр нэхъ щыуэр щӀыпӀэ. Псы уэрыпӀэм щынэсым шур шым кърихьэхащ. псы хэлъэдапӀэ устье реки / Псы ежэхыр тенджызым, гуэлым е нэгъуэщӀ псыежэхым щыхэхуэж щӀыпӀэ. псы хэхуапӀэ см. псы хэлъэдапӀэ. псы хэхуэжыпӀэ см. псы хэлъэдапӀэ. псы хущхъуэ целебная вода, лечебный источник / Уз гуэрхэм зэреӀэзэ псы. Ди республикэр псы хущхъуэхэмкӀэ къулейщ. псы хьэлывэ вареник / Кхъуейлъалъэ, кӀэртӀоф с. ху. дэлъу гъэва хьэлывэ цӀыкӀу. Псы хьэлывэ щӀын. псы хъумапӀэ водохранилище / Псы щахъумэн папщӀэ ящӀа гуэл ӀэрыщӀ. псы шындырхъуо тритон (хвостатое земноводное) / КӀэпӀащӀэ зиӀэ, псым щесыф, шындырхъуом ещхь псэущхьэ. псы щхьэл водяная мельница / Псым игъэхьэжэ щхьэл. псы щӀагъ дно (реки) / Псым и лъащӀэ. Псыр къабзэти псы щӀагъым щӀэлъ псори плъагъурт. псы щӀагъ кхъухь подводная лодка / Псы щӀагъым щызекӀуэ кхъухь. Псы щӀагъ кхъухьым къулыкъу щыщӀэн. псы ӀэфӀ газированная вода с сиропом / Газ зыхэт, пхъэщхьэмыщхьэпс ӀэфӀ зыхэкӀа псы. Псы ӀэфӀ ефэн. псы Ӏуб глоток воды / Псы ткӀуэпс, гъаткӀуэ, псы еӀубыгъуэ. * Пхъэру къажэм псы Ӏуб ягъуэткъым. фольк. Дыгъужьыгъуэ хьэкхъуафэм итым щыщу зы псы Ӏуби сӀухуакъым. Нарт. псы Ӏуфэ берег реки / Псыежэхыр зыдэт къуэм и джабитӀ псым хуэгъэзар. * КӀукӀуэ нэпкъым ехри псы Ӏуфэм Ӏулъ мывэ гуэрым тетӀысхьащ. Ӏуащхь. Псы Ӏуфэм Ӏусым икӀыпӀэр ещӀэ. (погов.) Псы Ӏуфэ мылу зыӀуегъэхын убраться, уйти с глаз долой. Псы Ӏуфэ мылу ӀугъэсыкӀын заставить кого-л. уйти, убраться. * Пщы ябгэм и гъунэгъуу хамэ гуэр къэтӀысамэ, псы Ӏуфэ мылу ӀуигъэсыкӀырт. Къэб. таур. псы Ӏуфэ бзу трясогузка (птица) / Псыхъуэм дэсырей бзу кӀэ кӀыхь цӀыкӀу; мывэкӀэпыс. II 1. шнурок 2. ручка чего-л. / Сумкэ, портфель с. ху. яӀэ убыдыпӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Псыежэх, тьенджыз с.ху. - 479.
[Дэфэрэдж жиӀэу:] Си сабийр си щӀыбым ипхауэ псым зыхэздзэнурэ, ситхьэлэмэ, ситхьэлащ, сыхэкӀыфмэ, сыхэкӀащ.— Лъапсэ, 41
+2 örnek
Бабыщ анэр къызэплъэкӀмэ – зы шыр цӀыкӀу псы Ӏуфэм къыӀунащи, «уакъ-уакъ» жиӀэу иреджэ, арщхьэкӀэ шыр кӀыкӀу псы Ӏуфэм Ӏутыр псым хыхьэну и гугъэххэкъым, езыр-езыру удзым хэтщ, удз гъэгъахэм хьэндырабгъуэ тетӀысхьэр фӀэхьэлэмэту.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 478
Гъатхэр къэсащ, уэлбанэрилэ хъурэ Щхьэлмывэкъуэпсыр къиумэ, школым кӀуэ сабийхэр псым зэпрымыкӀыфу къэмынэн папщӀэ, къуажэ зэӀущӀэм унафэ ящӀ самооблаженэу ахъшэ къыхахыу, псым лъэмыж тралъхьэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511
2. УщызэкӀэщӀэплъ ткӀуаткӀуэ.
А, емынэ унэу хьэм яшхыжын, накӀуи, псы ефэ, иужькӀэ бгъуэтыжынукъым, - жызоӀэри дэнэ: сэ шхуэмылакӀэм сыкъоӀэ, езыр пхэщӀкӀэ йокӀуэт, псы зэрыхуэлӀэр нэрылъагъу пэтрэ.— Анка, 381
+2 örnek
Темыркъан мыгъуэр нэхъыбэу зытекӀуэдар Мысост и бзэгущ, – жиӀэри пэгуным псы иригъэжыхьащ [Хьэбибэ].— Нал къута, 290
Астемыр школым кӀуауэ, Думэсари жэмыш зэрыщӀэкӀыу, Лу къыщылъэтщ, псы тӀэкӀуи и нэкӀум щӀикӀащ, зихуапэри, бгъуэтмэ къащтэ, хадэмкӀэ илъадэри бзэхащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554
Deyimler (2)
псым гъущэу хэкӀыжын
Псалъэмакъым, Ӏуэху мыхъумыщӀэм зыри къыщымыщӀу къыхэкӀын.
Абдежым хьэм и кӀэм псы щӀэуэмэ, есыкӀэ Ӏэзэ мэхъу жыхуаӀэм хуэдэу, езыхэр [цӀыхухъухэр] псым гъущэу хэкӀыжрэ цӀыхубзым и закъуэ губгъуэ къыщинари дапщэ…— Лъапсэ, 13
псы щхьэкӀэ мэхын
Хуабжьу псы хуэлӀэн.
Псы уемыфэу ублэкӀыну Ӏэмал зимыӀэт, адэкӀэ къум защӀэщи, псы щхьэкӀэ умэхами, ткӀуэпс бгъуэтынукъым.— Анка, 381
+2 örnek
Пшапэр зэхэуэхукӀэ кӀэртӀофым дыхэлъати, дыкъэмэжэлӀауэ ди щхьэр мэуназэ, псы щхьэкӀэ домэх.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
Дэфэрэдж хъыбар Ӏэджи зэхихащ, езым хуэдэу хэкум ираш ясырхэм къащыщӀауэ, кхъухьым ихуэным хуэдитӀ-хуэдищ ирагъэтӀысхьэрэ, тенджызым техьа нэужь, псы зэфэн къудейр яухмэ, хьэнтхъупс тенджызыпскӀэ ягъавэу, псы щхьэкӀэ мэхри тенджызыпс ефэрэ ныбэуз хъурэ здэкӀуэм нэмысу лӀэуэ, и хьэдэр псым хадзэжу.— Лъапсэ, 39
Kitapta geçtiği hali
ПСЫ (316). 1. (164). Псыежэх, тьенджыз с.ху. [Дэфэрэдж жиӀэу:] Си сабийр си щӀыбым ипхауэ псым зыхэздзэнурэ, ситхьэлэмэ, ситхьэлащ, сыхэкӀыфмэ, сыхэкӀащ. Лъапсэ, 41.Бабыщ анэр къызэплъэкӀмэ – зы шыр цӀыкӀу псы Ӏуфэм къыӀунащи, «уакъ-уакъ» жиӀэу иреджэ, арщхьэкӀэ шыр кӀыкӀу псы Ӏуфэм Ӏутыр псым хыхьэну и гугъэххэкъым, езыр-езыру удзым хэтщ, удз гъэгъахэм хьэндырабгъуэ тетӀысхьэр фӀэхьэлэмэту. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 478- 479. Гъатхэр къэсащ, уэлбанэрилэ хъурэ Щхьэлмывэкъуэпсыр къиумэ, школым кӀуэ сабийхэр псым зэпрымыкӀыфу къэмынэн папщӀэ, къуажэ зэӀущӀэм унафэ ящӀ самооблаженэу ахъшэ къыхахыу, псым лъэмыж тралъхьэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511. 2. (152). УщызэкӀэщӀэплъ ткӀуаткӀуэ. А, емынэ унэу хьэм яшхыжын, накӀуи, псы ефэ, иужькӀэ бгъуэтыжынукъым, - жызоӀэри дэнэ: сэ шхуэмылакӀэм сыкъоӀэ, езыр пхэщӀкӀэ йокӀуэт, псы зэрыхуэлӀэр нэрылъагъу пэтрэ. Анка, 381.Темыркъан мыгъуэр нэхъыбэу зытекӀуэдар Мысост и бзэгущ, – жиӀэри пэгуным псы иригъэжыхьащ [Хьэбибэ]. Нал къута, 290. Астемыр школым кӀуауэ, Думэсари жэмыш зэрыщӀэкӀыу, Лу къыщылъэтщ, псы тӀэкӀуи и нэкӀум щӀикӀащ, зихуапэри, бгъуэтмэ къащтэ, хадэмкӀэ илъадэри бзэхащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554. ◊ Псым гъущэу хэкӀыжын (1). Псалъэмакъым, Ӏуэху мыхъумыщӀэм зыри къыщымыщӀу къыхэкӀын. Абдежым хьэм и кӀэм псы щӀэуэмэ, есыкӀэ Ӏэзэ мэхъу жыхуаӀэм хуэдэу, езыхэр [цӀыхухъухэр] псым гъущэу хэкӀыжрэ цӀыхубзым и закъуэ губгъуэ къыщинари дапщэ… Лъапсэ, 13. Псы щхьэкӀэ мэхын (4). Хуабжьу псы хуэлӀэн. Псы уемыфэу ублэкӀыну Ӏэмал зимыӀэт, адэкӀэ къум защӀэщи, псы щхьэкӀэ умэхами, ткӀуэпс бгъуэтынукъым. Анка, 381. Пшапэр зэхэуэхукӀэ кӀэртӀофым дыхэлъати, дыкъэмэжэлӀауэ ди щхьэр мэуназэ, псы щхьэкӀэ домэх. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. Дэфэрэдж хъыбар Ӏэджи зэхихащ, езым хуэдэу хэкум ираш ясырхэм къащыщӀауэ, кхъухьым ихуэным хуэдитӀ-хуэдищ ирагъэтӀысхьэрэ, тенджызым техьа нэужь, псы зэфэн къудейр яухмэ, хьэнтхъупс тенджызыпскӀэ ягъавэу, псы щхьэкӀэ мэхри тенджызыпс ефэрэ ныбэуз хъурэ здэкӀуэм нэмысу лӀэуэ, и хьэдэр псым хадзэжу. Лъапсэ, 39.