природэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Дыкъэзыухъуреихь дунейр, цӀыхум и ӀэдакъэщӀэкӀыу щымыту щыӀэ псори.

руприрода (окружающий мир)

Природэм и щэхухэр.

+1 örnek

Ашэмэз и образым хэпщащ природэм и къарур.— Къэбэрдей

2. ЩӀым и естественнэ Ӏэмал псори е абы щыщ Ӏыхьэ (рельеф, къэкӀыгъэхэр, псэущхьэхэр, климат, н. къ.).

руприрода (Земли)

Кавказым и природэ.

Kitapta geçtiği hali

природэ 1. природа (окружающий мир) / Дыкъэзыухъуреихь дунейр, цӀыхум и ӀэдакъэщӀэкӀыу щымыту щыӀэ псори. Природэм и щэхухэр. * Ашэмэз и образым хэпщащ природэм и къарур. Къэб. 2. природа (Земли) / ЩӀым и естественнэ Ӏэмал псори е абы щыщ Ӏыхьэ (рельеф, къэкӀыгъэхэр, псэущхьэхэр, климат, н. къ.). Кавказым и природэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Дыкъэзыухъуреихь дунейр, цӀыхум и ӀэдакъэщӀэкӀыу щымыту щыӀэ псори; щӀыуэпс.

[Дэфэрэдж] Иджы абы хуэдиз зи дахагъэу природэм и ӀэщӀагъэ къабзэм скальпелькӀэ сыхэӀэбэу зэӀызгъэхьэн хуейщ, сӀыгъ сэр къэзгъэшэрыуэу зэгуэзбзыкӀыну си мурадым си нитӀыр тызоубыдэ.— Лъапсэ, 20

+2 örnek

Ӏэм ӀэщӀагъэри къезыту, Гум хуабагъэр хэзылъхьауэ, Нэм нэху къабзэри езытыр Мес природэм хэщӀыхьауэ Насыпышхуэр зи ӀэщӀагъэр Сыт ищӀысми хыболъагъуэ – Ар зылъагъум егъэщӀагъуэ Ӏэмрэ гумрэ я Ӏэзагъэр.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 54

Чопракъ аузыр быдапӀэ хьэзыру природэм и Ӏэдакъэм щӀэкӀа хуэдэт, езэгъырабгъу имыӀэу дэнэ лъэныкъуэкӀи бгы нэпкъ задэт, и кӀыхьагъыр километр бжыгъэкӀэ плӀыщӀ е щэ ныкъуэ хъунут.— Нал къута, 252

Kitapta geçtiği hali

ПРИРОДЭ (6). Дыкъэзыухъуреихь дунейр, цӀыхум и ӀэдакъэщӀэкӀыу щымыту щыӀэ псори; щӀыуэпс. [Дэфэрэдж] Иджы абы хуэдиз зи дахагъэу природэм и ӀэщӀагъэ къабзэм скальпелькӀэ сыхэӀэбэу зэӀызгъэхьэн хуейщ, сӀыгъ сэр къэзгъэшэрыуэу зэгуэзбзыкӀыну си мурадым си нитӀыр тызоубыдэ. Лъапсэ, 20. Ӏэм ӀэщӀагъэри къезыту, Гум хуабагъэр хэзылъхьауэ, Нэм нэху къабзэри езытыр Мес природэм хэщӀыхьауэ Насыпышхуэр зи ӀэщӀагъэр Сыт ищӀысми хыболъагъуэ – Ар зылъагъум егъэщӀагъуэ Ӏэмрэ гумрэ я Ӏэзагъэр. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 54. Чопракъ аузыр быдапӀэ хьэзыру природэм и Ӏэдакъэм щӀэкӀа хуэдэт, езэгъырабгъу имыӀэу дэнэ лъэныкъуэкӀи бгы нэпкъ задэт, и кӀыхьагъыр километр бжыгъэкӀэ плӀыщӀ е щэ ныкъуэ хъунут. Нал къута, 252.

Düzeltme Öner

природэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.