правленэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Къуажэ, щӀыпӀэ унафэщӀхэм я хэщӀапӀэ.
КӀасэм ахъшэ куэдыщэ къызэрыдэхъуэ лъандэрэ Ерул и Ӏуэхуми къыхэхъуат – пщыхьэщхьэм гъуоуэ джэрти, нэху щыху къуажэ ахъшэр ихъумэу правленэм щӀэст.— Хъуэпсэгъуэ нур, 233
+2 örnek
ЗэӀущӀэ зэхуашэсмэ, жылэр правленэ пщӀантӀэм щызэхуэсу я хабзэт, ауэ мы зэм зэӀущӀэр Жыраслъэнхэ я пщӀантӀэм къахьат, спектаклым и хьэтыркӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645
ЗэрагъэхъыбарымкӀэ, центрым Октябрь революцэшхуэр щытекӀуа щхьэкӀэ, Къэбэрдейр зэрыщытауэ къэнэжащ, къуажэ правленэ сытхэр къуажэ СоветкӀэ яхъуэжами, старшынэхэр председатель хъуа фӀэкӀа, Ӏуэхур зэрызэщхьэщыкӀа щыӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180
Kitapta geçtiği hali
ПРАВЛЕНЭ (26). Къуажэ, щӀыпӀэ унафэщӀхэм я хэщӀапӀэ. КӀасэм ахъшэ куэдыщэ къызэрыдэхъуэ лъандэрэ Ерул и Ӏуэхуми къыхэхъуат – пщыхьэщхьэм гъуоуэ джэрти, нэху щыху къуажэ ахъшэр ихъумэу правленэм щӀэст. Хъуэпсэгъуэ нур, 233. ЗэӀущӀэ зэхуашэсмэ, жылэр правленэ пщӀантӀэм щызэхуэсу я хабзэт, ауэ мы зэм зэӀущӀэр Жыраслъэнхэ я пщӀантӀэм къахьат, спектаклым и хьэтыркӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 645. ЗэрагъэхъыбарымкӀэ, центрым Октябрь революцэшхуэр щытекӀуа щхьэкӀэ, Къэбэрдейр зэрыщытауэ къэнэжащ, къуажэ правленэ сытхэр къуажэ СоветкӀэ яхъуэжами, старшынэхэр председатель хъуа фӀэкӀа, Ӏуэхур зэрызэщхьэщыкӀа щыӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 180.