пощт
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Письмо, ахъшэ, хьэпшып сыт хуэдэхэр зыхуагъэхьым Ӏэрыхьэныр къызэзыгъэпэщ ӀуэхущӀапӀэ.
рупочта (учреждение)
Пштым кӀуэн. Поштым и унэ.
Kitapta geçtiği hali
пощт почта (учреждение) / Письмо, ахъшэ, хьэпшып сыт хуэдэхэр зыхуагъэхьым Ӏэрыхьэныр къызэзыгъэпэщ ӀуэхущӀапӀэ. Пштым кӀуэн. Поштым и унэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Письмо, ахъшэ, хьэпшып с.ху. зыхуагъэхьым Ӏэрыгъэхьэныр къызэзыгъэпэщ ӀуэхущӀапӀэ.
ЩӀалэм абы гу лъимыта хуэдэу, шейр зэӀещӀэ лошкӀэ цӀыкӀумкӀэ, стэканыр жьгъырууэ зэхихмэ, хъыджэбзыр щӀоупщӀэ: «Уэзджынэ макъ зэхызохри, пощтыр къэсауэ пӀэрэ?», - жеӀэри. [Дэфэрэдж]— Лъапсэ, 109
+2 örnek
Шым щакӀэлъыплъкӀэ нэхъ и нэӀэ зытетыр дауи «Елмэст». Лу и гугъэт шым къицӀыхужауэ иджыблагъэ пощт гъуэгужьым нэс къигъэсыжа щӀалэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589
Ашык цӀыкӀум дэз ищӀырт кхъужьӀэрысэри пощткӀэ Мэзкуу иригъэхьырт. [Апчарэ]— Щынэхужьыкъуэ, 20
Kitapta geçtiği hali
ПОЩТ (6). Письмо, ахъшэ, хьэпшып с.ху. зыхуагъэхьым Ӏэрыгъэхьэныр къызэзыгъэпэщ ӀуэхущӀапӀэ. ЩӀалэм абы гу лъимыта хуэдэу, шейр зэӀещӀэ лошкӀэ цӀыкӀумкӀэ, стэканыр жьгъырууэ зэхихмэ, хъыджэбзыр щӀоупщӀэ: «Уэзджынэ макъ зэхызохри, пощтыр къэсауэ пӀэрэ?», - жеӀэри. [Дэфэрэдж] Лъапсэ, 109. Шым щакӀэлъыплъкӀэ нэхъ и нэӀэ зытетыр дауи «Елмэст». Лу и гугъэт шым къицӀыхужауэ иджыблагъэ пощт гъуэгужьым нэс къигъэсыжа щӀалэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589. Ашык цӀыкӀум дэз ищӀырт кхъужьӀэрысэри пощткӀэ Мэзкуу иригъэхьырт. [Апчарэ] Щынэхужьыкъуэ, 20.