полицай
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩӀыпӀэ яубыдам щыщ цӀыху полицэм къалэн ирырагъэзащӀэу яӀыгъ.
АрщхьэкӀэ зыхуэдэр къащӀэри полицайуэ япэ ягъэувар Сентралщ.— Нал къута, 288
+1 örnek
Нэмыцэр къэсу бургомистр гуэри ягъэуву полицай дыхуейщ щыжаӀэм, япэ зи цӀэ ираӀуам ящыщу къыщӀэкӀащ Псэун.— Къалэн, 434
Kitapta geçtiği hali
ПОЛИЦАЙ (3). ЩӀыпӀэ яубыдам щыщ цӀыху полицэм къалэн ирырагъэзащӀэу яӀыгъ. АрщхьэкӀэ зыхуэдэр къащӀэри полицайуэ япэ ягъэувар Сентралщ. Нал къута, 288. Нэмыцэр къэсу бургомистр гуэри ягъэуву полицай дыхуейщ щыжаӀэм, япэ зи цӀэ ираӀуам ящыщу къыщӀэкӀащ Псэун. Къалэн, 434.