поднос

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Шхын зэрызэрахьэ, къэнжал, пластмассэ сыт хуэдэхэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъу пӀащӀэшхуэ.

руподнос

Подносыр стӀолым тригъэувэри ӀукӀуэтыжащ {цӀыхубзыр}.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

Kitapta geçtiği hali

поднос поднос / Шхын зэрызэрахьэ, къэнжал, пластмассэ сыт хуэдэхэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъу пӀащӀэшхуэ. * Подносыр стӀолым тригъэувэри ӀукӀуэтыжащ {цӀыхубзыр}. Щ. Ӏ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ӏэнэм шхын зэрылъ тепщэчхэр зэрахь хьэкъущыкъу пӀащӀэшхуэ, и нэзхэр къыдэӀэтеяуэ.

АрщхьэкӀэ адэкӀэ жиӀэнум намыгъэсу, бжэр къыӀуахри Раисэ Муратовнэ япэ иту, Ӏэнэзехьэ цӀыхубзхэр гъэщӀэрэщӀауэ къыщӀыхьащ, лъагэу Ӏэта подносышхуэм лы гъэжьар дзасэм зэрыфӀэӀуам хуэдэу пщыӀэ цӀыкӀум ещхьу, пщыӀэ щӀагъым спиртовкэр пыгъэнарэ къигъэнэхуу яӀыгъыу.— Лъапсэ, 92

+2 örnek

ЦӀыхухъу гуэрым подноскӀэ псы щӀыӀэ, къэхьэуэ, ӀэфӀыкӀэ гуэрхэр щӀыгъужу къехьри мраморым къыхэщӀыкӀа Ӏэнэ цӀыкӀум къытрегъэувэ, езым зы псалъэ жимыӀэу йокӀуэтыж.— Аргъуей, 387

ХьэщӀэм я тэджыжыгъуэ щыхъуам деж уэздыгъэр ягъэункӀыфӀынти, лы гъэжьар дзасэм зэрыпыӀуам хуэдэу, пщыӀэм ещхьу подносым игъэувауэ къихьырти, къытригъэувэрт.— Лъапсэ, 78

Kitapta geçtiği hali

ПОДНОС (4). Ӏэнэм шхын зэрылъ тепщэчхэр зэрахь хьэкъущыкъу пӀащӀэшхуэ, и нэзхэр къыдэӀэтеяуэ. АрщхьэкӀэ адэкӀэ жиӀэнум намыгъэсу, бжэр къыӀуахри Раисэ Муратовнэ япэ иту, Ӏэнэзехьэ цӀыхубзхэр гъэщӀэрэщӀауэ къыщӀыхьащ, лъагэу Ӏэта подносышхуэм лы гъэжьар дзасэм зэрыфӀэӀуам хуэдэу пщыӀэ цӀыкӀум ещхьу, пщыӀэ щӀагъым спиртовкэр пыгъэнарэ къигъэнэхуу яӀыгъыу. Лъапсэ, 92. ЦӀыхухъу гуэрым подноскӀэ псы щӀыӀэ, къэхьэуэ, ӀэфӀыкӀэ гуэрхэр щӀыгъужу къехьри мраморым къыхэщӀыкӀа Ӏэнэ цӀыкӀум къытрегъэувэ, езым зы псалъэ жимыӀэу йокӀуэтыж. Аргъуей, 387. ХьэщӀэм я тэджыжыгъуэ щыхъуам деж уэздыгъэр ягъэункӀыфӀынти, лы гъэжьар дзасэм зэрыпыӀуам хуэдэу, пщыӀэм ещхьу подносым игъэувауэ къихьырти, къытригъэувэрт. Лъапсэ, 78.

Düzeltme Öner

поднос
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.