плӀанэпэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыгуэрхэм ябгъухэр, я лъэныкъуптӀыр, щызэбгъэдыхьэм къыщыхъу къуагъ.

руугол (напр. комнаты)

Унэ пщӀэууэ плӀанэпэ.

Kitapta geçtiği hali

плӀанэпэ угол (напр. комнаты) / Зыгуэрхэм ябгъухэр, я лъэныкъуптӀыр, щызэбгъэдыхьэм къыщыхъу къуагъ. * Унэ пщӀэууэ плӀанэпэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыгуэрхэм ябгъухэр, я лъэныкъуитӀыр щызэбгъэдыхьэм къыщыхъу къуагъ.

Джэд фермэ ябгынэжам пщэфӀапӀэу яӀам и плӀанэпэ зырызым ди пӀэр дэтщӀыхьауэ догъуэлъыж.— МелыӀыч, 457

+2 örnek

Ауэрэ жэщ къыщытехъуапэм гуэщыжь уэрамым къытету щилъагъум, «хамэ къуажэ къэзджэдыхьу сыдэмыту, мы гуэщым нэху щызгъэщынщи, пщэдей жьыуэ аргуэру сылъыхъуэнщ», жиӀэри Дуду гуэщым щӀыхьэри плӀанэпэм деж хьэуазэ тӀэкӀу зыгуэр тепхъуауэ дэлъу гу щылъитэм кӀуэри гъуэлъащ.— ВитӀ, 415

Къуажэ гъунэ дыдэм деж зы пщӀантӀэ гуэрым дэлъэдати, хьэжь цӀыкӀу къыкъуэжри къуажэхьэр зэщӀигъэбырсеяуэ банэу щыхуежьэм, Сеймэныр ӀуэмкӀэ мажэри бэкхъ плӀанэпэм дэлъ шкӀэм дежкӀэ зедз, шкӀэм игъэщэба мэкъур зытрелъхьэ, арщхьэкӀэ техьэгъуэ зытехьам хуэдэу мэкӀэзыз.— Лъапсэ, 51

Kitapta geçtiği hali

ПЛӀАНЭПЭ (14). Зыгуэрхэм ябгъухэр, я лъэныкъуитӀыр щызэбгъэдыхьэм къыщыхъу къуагъ. Джэд фермэ ябгынэжам пщэфӀапӀэу яӀам и плӀанэпэ зырызым ди пӀэр дэтщӀыхьауэ догъуэлъыж. МелыӀыч, 457. Ауэрэ жэщ къыщытехъуапэм гуэщыжь уэрамым къытету щилъагъум, «хамэ къуажэ къэзджэдыхьу сыдэмыту, мы гуэщым нэху щызгъэщынщи, пщэдей жьыуэ аргуэру сылъыхъуэнщ», жиӀэри Дуду гуэщым щӀыхьэри плӀанэпэм деж хьэуазэ тӀэкӀу зыгуэр тепхъуауэ дэлъу гу щылъитэм кӀуэри гъуэлъащ. ВитӀ, 415. Къуажэ гъунэ дыдэм деж зы пщӀантӀэ гуэрым дэлъэдати, хьэжь цӀыкӀу къыкъуэжри къуажэхьэр зэщӀигъэбырсеяуэ банэу щыхуежьэм, Сеймэныр ӀуэмкӀэ мажэри бэкхъ плӀанэпэм дэлъ шкӀэм дежкӀэ зедз, шкӀэм игъэщэба мэкъур зытрелъхьэ, арщхьэкӀэ техьэгъуэ зытехьам хуэдэу мэкӀэзыз. Лъапсэ, 51.

Düzeltme Öner

плӀанэпэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.