плъын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
фэбэн/хуэбэн (мэфабэ/мэхуабэ); къэфэбэн/къэхуэбэн (къэфабэ/ къохуабэ); зыгъэфэбэн/зыгъэхуэбэн (зегъэфабэ/зегъэхуабэ); ПЛЪЫН (МЭПЛЪ(ы); КЪЭПЛЪЫН (къэплъы/къоплъ); стырын/пщтырын, (мэстыры/мэпщтыр); къэстырын/къэпщтырын (къэстыры/ къопщтыр); ISINMAK
губжын/губжьын (мэгубжы/мэгубжь); къэгубжын/къэгубжьын (къэгубжы/къогубжь); ПЛЪЫН (МЭПЛЪ(ы); КЪЭПЛЪЫН (къэплъы/къоплъ); зэгуэпын, хузэгуэпын/ыгу фэплъын, ыгу фыхэкӀын, ыгу ебгъэн (зэгуоп/~ фэплъы, ~ фыхэкӀы, ~ ебгъэ); ГНЕВАТЬСЯ; İÇERLEMEK, SİNİRLENMEK (kızmak; öfkelenmek; birine ~)
ПЛЪЫН (МЭПЛЪ(ы); КЪЭПЛЪЫН (къэплъы/къоплъ); губжын/ губжьын (мэгубжы/мэгубжь); къэгубжын/къэгубжьын (къэгубжы /къогубжь); плъырстырын/ плъырпщтырын (мэплъырстыры/ мэплъырпщтыр; къэплъырстырын/ къэплъырпщтырын (къэплъырстыры/къоплъырпщтыр; KIZMAK
ПЛЪЫН → фэбэн; ISINMAK (kızmak)
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: фэбэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэплъ)
1. Плъыжь хъуху мафӀэм пэрылъын, температурэшхуэ игъуэтын (гъущӀхэкӀым).
рунакалиться, раскалиться
Нарт Псэбыдэр Чынт Гуэрэгуэнэгум зэрихьэу, дыгъэр апхуэдизкӀэ жьэражьэу хъуати, мывэхэр плъырти зэгуэудхэрт, щӀыр къачэрт..— Нартхэр
2. Губжьыныгъэм къыхэкӀыу къызэщӀэнэн, къэлыбын.
рупобагроветь от гнева, ярости
Арти, иныжьхэр зэщӀоплъэ, нартхэр плъыну хьэзырти, уий, нартхэми батэкъутэр ягъэш!— Нартхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
гур плъын
Еплъ: гу
Kitapta geçtiği hali
плъын (мэплъ) неперех. гл. 1. накалиться, раскалиться / Плъыжь хъуху мафӀэм пэрылъын, температурэшхуэ игъуэтын (гъущӀхэкӀым). * Нарт Псэбыдэр Чынт Гуэрэгуэнэгум зэрихьэу, дыгъэр апхуэдизкӀэ жьэражьэу хъуати, мывэхэр плъырти зэгуэудхэрт, щӀыр къачэрт.. Нарт. 2. переносное побагроветь от гнева, ярости / Губжьыныгъэм къыхэкӀыу къызэщӀэнэн, къэлыбын. * Арти, иныжьхэр зэщӀоплъэ, нартхэр плъыну хьэзырти, уий, нартхэми батэкъутэр ягъэш! Нарт. Гур плъын см. гу II.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэплъ)
1. Пщтыр дыдэ къэхъун, мафӀэ къыщӀэнэным нэсын.
Ӏугъуэр тету унэм уэру, Блынхэр плъащи Ӏур мэгъущӀэ.— Тисей, 485
+2 örnek
Окоп ныкъуэтӀхэм уэсыр изщ, Топышэр къауэм, мафӀэ бзийр Жыр къамэ плъакӀэ пшэм йопыдж, ЩӀы щтар удыным егъэзджыздж, Си цейм жьы щӀыӀэр пхолыдыкӀ, СӀэтын нэбжьыцыр сэ слъэмыкӀ, Тхьэмахуэ хъуауэ хэт жеяр?— Борэныр бгыщхьэм. «Шум и гъуэгу», 28
Бгы лъагэ уардэм дитщ и щыгум, Фоч плъа тӀэщӀэлъыр мэупщӀыӀужыр.— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 6
2. Губжьым къыхэкӀыу къызэщӀэнэн, къэлыбын.
Уи щхьэцыр жьыбгъэм щӀиӀэтэу, Уи Ӏупэ плъари кӀэзызти, Нэ псыӀэм гуапэр иӀуатэу, Псалъэншэу уи Ӏэр сэ скъузти.— Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61
Kitapta geçtiği hali
ПЛЪЫН (мэплъ) лъэмыӀ. (5). 1. (1). Пщтыр дыдэ къэхъун, мафӀэ къыщӀэнэным нэсын. Ӏугъуэр тету унэм уэру, Блынхэр плъащи Ӏур мэгъущӀэ. «Тисей», 485. Окоп ныкъуэтӀхэм уэсыр изщ, Топышэр къауэм, мафӀэ бзийр Жыр къамэ плъакӀэ пшэм йопыдж, ЩӀы щтар удыным егъэзджыздж, Си цейм жьы щӀыӀэр пхолыдыкӀ, СӀэтын нэбжьыцыр сэ слъэмыкӀ, Тхьэмахуэ хъуауэ хэт жеяр? Борэныр бгыщхьэм. «Шум и гъуэгу», 28. Бгы лъагэ уардэм дитщ и щыгум, Фоч плъа тӀэщӀэлъыр мэупщӀыӀужыр. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 6. 2. (4). Губжьым къыхэкӀыу къызэщӀэнэн, къэлыбын. Уи щхьэцыр жьыбгъэм щӀиӀэтэу, Уи Ӏупэ плъари кӀэзызти, Нэ псыӀэм гуапэр иӀуатэу, Псалъэншэу уи Ӏэр сэ скъузти. Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61. ◊ Гур плъын (2). Еплъ гу I. Лъыр плъын (1). Еплъ лъы.