план
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ПЛАН; PLAN
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр гъэзэщӀа зэрыхъуну щӀыкӀэр щызэпкърыха; къалэн.
руплан (в цифрах)
Планым тету лэжьэн.
2. ЩӀыпӀэ, хьэпшып, ухуэныгъэ гуэр масштаб иту тэмэму къэзыгъэлъагъуэ чертёж.
руплан (чертёж)
Къалэм и план. Унэм и план.
3. Зыгуэрым и екӀуэкӀыкӀэнум, зыгуэрым и зэкӀэлъыкӀуэкӀэм и хабзэ пыухыкӀа.
руплан (изложения)
Урокым и план.
Kitapta geçtiği hali
план 1. план (в цифрах) / Лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр гъэзэщӀа зэрыхъуну щӀыкӀэр щызэпкърыха; къалэн. Планым тету лэжьэн. 2. план (чертёж) / ЩӀыпӀэ, хьэпшып, ухуэныгъэ гуэр масштаб иту тэмэму къэзыгъэлъагъуэ чертёж. Къалэм и план. Унэм и план. 3. план (изложения) / Зыгуэрым и екӀуэкӀыкӀэнум, зыгуэрым и зэкӀэлъыкӀуэкӀэм и хабзэ пыухыкӀа. Урокым и план.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр гъэзэщӀа зэрыхъуну щӀыкӀэр щызэпкърыха; къалэн.
Уи пыӀэкур къраудынщ, уечэнджэща – вэ, узыхуейри тесэ, планым хэтуи къомыгъэлъагъуэ – бригадэр сыту фӀыуэ лажьэрэ, сытуи гъавэ бэв къытрахрэ жаӀэу псори къохъуапсэ хуэдэу защӀынщ.— Лъапсэ, 49
+2 örnek
Шабзалъэм къисхым хуэдэу, усэр Къызох сигу иным кӀэм нэмысу, Ди илъэситхум план игъэпсым Хэлъын си гуащӀэ сыщӀохъуэпсыр.— Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7
Ботэх гъэшым и унафэр бетэмалу зэфӀегъэкӀ: лаборанткэхэм якӀэщӀолъадэри едэхащӀэурэ, еубзэурэ я стӀол къыдэгъэжхэм цӀыхубзхэр зыхуей гуэр дедзэри шэм и Ӏувагъыр тӀукӀэ нэхъыбэу ирегъэтх, шэр Ӏувмэ, птари нэхъыбэ мэхъури уи планыр узэрыхуей дыдэу къокӀ.— Лъапсэ, 98
2. Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым и екӀуэкӀыкӀэнум, зэкӀэлъыкӀуэкӀэм и хабзэ пыухыкӀа.
[Батальоным и унафэщӀыр]Шейхъым жиӀэм седаӀуэу сыщысурэ, зы план бэлыхь си гум къэкӀащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404
+1 örnek
[Дэфэрэдж] НтӀэ, анестезиологым сымаджэм и псэр хэкӀыу гу лъита нэужь, гузэвэгъуэр къыстехуэрэ сыгужьеймэ, зызэрысщӀыр я нэкӀэ зрагъэлъагъумэ, яфӀэфӀу арагъэнкӀи мэхъур, сэри абыхэм гугъу задезмыгъэхьыщэу, анестезиологыр гъусэ сщӀыри операционнэм сыщӀэтӀысхьащ, операцэ къытпэщытым и планым дегупсысу.— Лъапсэ, 16
Kitapta geçtiği hali
ПЛАН (9). 1. (7). Лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр гъэзэщӀа зэрыхъуну щӀыкӀэр щызэпкърыха; къалэн. Уи пыӀэкур къраудынщ, уечэнджэща – вэ, узыхуейри тесэ, планым хэтуи къомыгъэлъагъуэ – бригадэр сыту фӀыуэ лажьэрэ, сытуи гъавэ бэв къытрахрэ жаӀэу псори къохъуапсэ хуэдэу защӀынщ. Лъапсэ, 49. Шабзалъэм къисхым хуэдэу, усэр Къызох сигу иным кӀэм нэмысу, Ди илъэситхум план игъэпсым Хэлъын си гуащӀэ сыщӀохъуэпсыр. Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7. Ботэх гъэшым и унафэр бетэмалу зэфӀегъэкӀ: лаборанткэхэм якӀэщӀолъадэри едэхащӀэурэ, еубзэурэ я стӀол къыдэгъэжхэм цӀыхубзхэр зыхуей гуэр дедзэри шэм и Ӏувагъыр тӀукӀэ нэхъыбэу ирегъэтх, шэр Ӏувмэ, птари нэхъыбэ мэхъури уи планыр узэрыхуей дыдэу къокӀ. Лъапсэ, 98. 2. (2). Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым и екӀуэкӀыкӀэнум, зэкӀэлъыкӀуэкӀэм и хабзэ пыухыкӀа. [Батальоным и унафэщӀыр]Шейхъым жиӀэм седаӀуэу сыщысурэ, зы план бэлыхь си гум къэкӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404. [Дэфэрэдж] НтӀэ, анестезиологым сымаджэм и псэр хэкӀыу гу лъита нэужь, гузэвэгъуэр къыстехуэрэ сыгужьеймэ, зызэрысщӀыр я нэкӀэ зрагъэлъагъумэ, яфӀэфӀу арагъэнкӀи мэхъур, сэри абыхэм гугъу задезмыгъэхьыщэу, анестезиологыр гъусэ сщӀыри операционнэм сыщӀэтӀысхьащ, операцэ къытпэщытым и планым дегупсысу. Лъапсэ, 16.