пкърыупщӀыхьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(пкъроупщӀыхь)
Куууэ зыгуэрым еупщӀын.
рудопросить кого-л.
Жансэхъу зэрыгъэкӀийхэм яхыхьауэ цӀыкӀухэм япкърыупщӀыхьырт.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
пкърыупщӀыхьын (пкъроупщӀыхь) неперех. гл. допросить кого-л. / Куууэ зыгуэрым еупщӀын. * Жансэхъу зэрыгъэкӀийхэм яхыхьауэ цӀыкӀухэм япкърыупщӀыхьырт. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(пкъроупщӀыхь)
Зыгуэрым куууэ е куэдкӀэ еупщӀын.
[Сэлимэ] ЕрагъпсэрагъкӀэ кушеткэм изогъэтӀысхьэри сыпкъроупщӀыхь [Дэфэрэдж] къыщыщӀа псоми содаӀуэ, жиӀэр уи фӀэщ мыхъуну Ӏэмал зимыӀэщ, зыщӀэлъэӀур хуэпщӀэ хъунут, итӀани нэхъапэ щӀыкӀэ гурызгъэӀуэнщ лъхуэмэ зэрынэхъыфӀыр жысӀэу сеущийуэ къэзублащ.— Лъапсэ, 23
+2 örnek
Балэхэ Ермэн къаувыхьауэ пкъроупщӀыхь, арщхьэкӀэ дивизэ псом къащыщӀар а щӀалэм дэнэ щищӀэн, езыр музыкауэм яхэту дзэм и щӀыбагъым дэтащ.— Нал къута, 213
Иджы си гум къэкӀащ: мылицэм си Ӏуэхур щызэфэкӀа нэужь, куэзыр джэгу къомым сапкъроупщӀыхьынщ, хэт ищӀэрэ, зи унэ сыщӀэзыгъэтӀысхьэн къахэкӀынкӀэ хъунщ, жысӀэу.— МелыӀыч, 451
Kitapta geçtiği hali
ПКЪРЫУПЩӀЫХЬЫН (пкъроупщӀыхь) лъэмыӀ. (12). Зыгуэрым куууэ е куэдкӀэ еупщӀын. [Сэлимэ] ЕрагъпсэрагъкӀэ кушеткэм изогъэтӀысхьэри сыпкъроупщӀыхь [Дэфэрэдж] къыщыщӀа псоми содаӀуэ, жиӀэр уи фӀэщ мыхъуну Ӏэмал зимыӀэщ, зыщӀэлъэӀур хуэпщӀэ хъунут, итӀани нэхъапэ щӀыкӀэ гурызгъэӀуэнщ лъхуэмэ зэрынэхъыфӀыр жысӀэу сеущийуэ къэзублащ. Лъапсэ, 23. Балэхэ Ермэн къаувыхьауэ пкъроупщӀыхь, арщхьэкӀэ дивизэ псом къащыщӀар а щӀалэм дэнэ щищӀэн, езыр музыкауэм яхэту дзэм и щӀыбагъым дэтащ. Нал къута, 213. Иджы си гум къэкӀащ: мылицэм си Ӏуэхур щызэфэкӀа нэужь, куэзыр джэгу къомым сапкъроупщӀыхьынщ, хэт ищӀэрэ, зи унэ сыщӀэзыгъэтӀысхьэн къахэкӀынкӀэ хъунщ, жысӀэу. МелыӀыч, 451.