пкъо

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

destek
OrtakӀэпыӀэгъу
DoğuщӀэгъэкъуэнпкъокъуэтэгъу
BatıчӀэгъэкъонпкъэукъотэгъу
direk
Doğuпкъо
Batıпкъэу
Kitapta geçtiği hali

чӀэгъэкъон/щӀэгъэкъуэн, ӀЭПЫӀЭГЪУ, пкъэу/пкъо, къотэгъу/къуэтэгъу; DESTEK

пкъо/пкъэу; DİREK, KOLON, SÜTUN

пкъэу/пкъо; DİREK, KOLON, SÜTUN

пкъо/пкъэу → чӀэгъэкъон; DESTEK (direk)

пкъэу/пкъо → чӀэгъэкъон; DESTEK (direk)

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: чӀэгъэкъон

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Пхъэшхуэ е бетону гъэжа кӀыхь, сэх. Пкъо хэтӀэн.

рустолб

Налшык икӀыу Псыхуабэ кӀуэ гъуэгум и бгъум телефон пкъохэр бгъурытт...— КӀыщокъуэ Алим

2. ЩӀэгъэкъуэну къагъэсэбэп пхъэ е бетон гъэжа кӀыхь.

руподпорка

Выгу хьэлъэр лъэмыжым зэрытехьэу, лъэмыжым къыщӀэт пкъохэр зэщӀоскъыскъэ.— Шортэн Аскэрбий

Bu maddedeki ifadeler (1)

махуэшхуэ пкъоуэ щыгугъын

Еплъ: махуэшхуэ

Kitapta geçtiği hali

пкъо 1. столб / Пхъэшхуэ е бетону гъэжа кӀыхь, сэх. Пкъо хэтӀэн. * Налшык икӀыу Псыхуабэ кӀуэ гъуэгум и бгъум телефон пкъохэр бгъурытт... КӀ. А. 2. подпорка / ЩӀэгъэкъуэну къагъэсэбэп пхъэ е бетон гъэжа кӀыхь. * Выгу хьэлъэр лъэмыжым зэрытехьэу, лъэмыжым къыщӀэт пкъохэр зэщӀоскъыскъэ. Ш. А. Махуэшхуэ пкъоуэ щыгугъын см. махуэшхуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Пхъэшхуэ е бетону гъэжа сэх кӀыхь.

И адэри арат: зэгуэр ерагъыу къыпхуэӀэт къудейуэ зрамыщӀэжу пкъо и дамэм телъу къихьат «цеищэ пкъо сщӀынщ» жиӀэри, къыщыдэхуэм деж Ӏуэхуншэу щысыфыртэкъыми, щэнджатэ ищӀырти, и шыпхъухэм яритт, цеищэ шэнт нэгъунэ, я гуэщым щӀэлъурэ игъэгъуа пхъэм къыхищӀыкӀыурэ фалъэ, Ӏэнэ, шэнтжьей, хъуп, пхъуантэ – хуэмыщӀ щыӀэтэкъым [Дэфэрэдж и адэм].— Лъапсэ, 111

+2 örnek

ПщӀантӀэкум деж пкъоуитӀ хэтӀат, лъэбакъуиплӀ хуэдиз я зэхуакуу, а пкъо лъагитӀым я щхьэм шыкъуэтэн къытелъыжым и курыкупсэм урыс щӀакхъуэ хужь ин, и хъуреягъкӀэ кӀэнфет, браныч, бэлътоку, попирос, дыху абдж цӀыкӀу, хьэлыгъуанэ, дыху сабын, аркъэ кӀэсушкӀэ сытхэр къеблэкӀауэ кӀэрыщӀат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 95

Къэрэлъашэ и унэр жыжьэххэтэкъым, уплъэмэ пкъо лъагэшхуитӀ хэтӀауэ, а тӀум я кум дэту выгу шэрхъ лъагэу яӀэтат, Ӏэщым и фэр щытрахкӀэ яӀэтын папщӀэ.— Нэгъуху, 35

Kitapta geçtiği hali

ПКЪО (33). Пхъэшхуэ е бетону гъэжа сэх кӀыхь. И адэри арат: зэгуэр ерагъыу къыпхуэӀэт къудейуэ зрамыщӀэжу пкъо и дамэм телъу къихьат «цеищэ пкъо сщӀынщ» жиӀэри, къыщыдэхуэм деж Ӏуэхуншэу щысыфыртэкъыми, щэнджатэ ищӀырти, и шыпхъухэм яритт, цеищэ шэнт нэгъунэ, я гуэщым щӀэлъурэ игъэгъуа пхъэм къыхищӀыкӀыурэ фалъэ, Ӏэнэ, шэнтжьей, хъуп, пхъуантэ – хуэмыщӀ щыӀэтэкъым [Дэфэрэдж и адэм]. Лъапсэ, 111. ПщӀантӀэкум деж пкъоуитӀ хэтӀат, лъэбакъуиплӀ хуэдиз я зэхуакуу, а пкъо лъагитӀым я щхьэм шыкъуэтэн къытелъыжым и курыкупсэм урыс щӀакхъуэ хужь ин, и хъуреягъкӀэ кӀэнфет, браныч, бэлътоку, попирос, дыху абдж цӀыкӀу, хьэлыгъуанэ, дыху сабын, аркъэ кӀэсушкӀэ сытхэр къеблэкӀауэ кӀэрыщӀат. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. Къэрэлъашэ и унэр жыжьэххэтэкъым, уплъэмэ пкъо лъагэшхуитӀ хэтӀауэ, а тӀум я кум дэту выгу шэрхъ лъагэу яӀэтат, Ӏэщым и фэр щытрахкӀэ яӀэтын папщӀэ. Нэгъуху, 35.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

direk kolon mertek

Düzeltme Öner

пкъо
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.