пащтыхьыгъуэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Пащтыхьым и къэрал, пащтыхьыр щытепщэ щӀыналъэ.

руцарство

А пащтыхьыгъуэр Благъуэ щӀыналъэт.— ПащӀэ Бэчмырзэ

2. Зыгуэр пащтыхьу щытет зэман.

рупериод царствования

Иван Грознэм и пащтыхьыгъуэм Россиер нэхъри нэхъ лъэщ хъуащ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

пащтыхьыгъуэ 1. царство / Пащтыхьым и къэрал, пащтыхьыр щытепщэ щӀыналъэ. * А пащтыхьыгъуэр Благъуэ щӀыналъэт. П. Б. 2. период царствования / Зыгуэр пащтыхьу щытет зэман. * Иван Грознэм и пащтыхьыгъуэм Россиер нэхъри нэхъ лъэщ хъуащ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Пащтыхьыр щытепщэ щӀыналъэ.

Ахэр псори Босфор пащтыхьыгъуэм хэтыгъащ, ТӀэмтӀэракъ (Пантикапей) я щыхьэр къалэу, езыхэри щӀытӀрэ мывэ сэрейкӀэ къэщӀыхьауэ.— Лъапсэ, 5

+1 örnek

Зэгуэр Бейбарсыр къэуващ: дэ пащтыхьыгъуэр дохъумэ, уанэгум дис защӀэу гъащӀэр идохьэкӀ, ди сабий дахэсу ди унэ дисыж хъуркъым, итӀани дызыхуит щыӀэкъым, гулъыти къытхуащӀыркъым, ди быныр джанэншэу уэрамым дэтщ, хабзэм щхьэ зедмытрэ, къэралым хэхъуапӀэ зимыӀэ щыӀэкъым, дэ бийм датекӀуэмэ, къатетхар диӀэщ, дытемыкӀуэмэ, ди быныр зеиншэу къонэ жиӀэу.— Лъапсэ, 100

2. Зыгуэр пащтыхьу щытет зэман.

– Си пащтыхьыгъуэщ, мыджэд-мыкъаз— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481

+1 örnek

ТхьэлъэӀушхуэм щыкӀуэм, нэхъапэ щӀыкӀэ мамлюкдзэпщхэр Бейбарс я пашэу зэгурыӀуащ пащтыхьыр яукӀыу пащтыхьыгъуэр Бейбарс иубыдыну.— Лъапсэ, 100

Kitapta geçtiği hali

ПАЩТЫХЬЫГЪУЭ (6). 1. (4). Пащтыхьыр щытепщэ щӀыналъэ. Ахэр псори Босфор пащтыхьыгъуэм хэтыгъащ, ТӀэмтӀэракъ (Пантикапей) я щыхьэр къалэу, езыхэри щӀытӀрэ мывэ сэрейкӀэ къэщӀыхьауэ. Лъапсэ, 5. Зэгуэр Бейбарсыр къэуващ: дэ пащтыхьыгъуэр дохъумэ, уанэгум дис защӀэу гъащӀэр идохьэкӀ, ди сабий дахэсу ди унэ дисыж хъуркъым, итӀани дызыхуит щыӀэкъым, гулъыти къытхуащӀыркъым, ди быныр джанэншэу уэрамым дэтщ, хабзэм щхьэ зедмытрэ, къэралым хэхъуапӀэ зимыӀэ щыӀэкъым, дэ бийм датекӀуэмэ, къатетхар диӀэщ, дытемыкӀуэмэ, ди быныр зеиншэу къонэ жиӀэу. Лъапсэ, 100. 2. (2). Зыгуэр пащтыхьу щытет зэман. – Си пащтыхьыгъуэщ, мыджэд-мыкъаз. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481. ТхьэлъэӀушхуэм щыкӀуэм, нэхъапэ щӀыкӀэ мамлюкдзэпщхэр Бейбарс я пашэу зэгурыӀуащ пащтыхьыр яукӀыу пащтыхьыгъуэр Бейбарс иубыдыну. Лъапсэ, 100.

Düzeltme Öner

пащтыхьыгъуэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.