пасэрей

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Пасэм къэхъуа, щыӀа; ижь ижьыжым къыщӀэна, щыӀа, екӀуэкӀа.

рустарый, старинный, древний (напр. об обычаях)

Пасэрей хабзэ. Пасэрей щыгъын.

+1 örnek

Мудар зыгуэр жытӀэным ежьэу, пасэрей уэрэдыжьым и макъамэр, къришырт.— Къущхьэ СулътӀан

Ижь-ижьыжым щыгъуэ дунейм тета цӀыхухэр.

рулюди, жившие задолго до настоящего времени; древние

Пасэрейхэм хабзэ гъэщӀэгъуэн куэд яхэлъащ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

пасэрей I старый, старинный, древний (напр. об обычаях) / Пасэм къэхъуа, щыӀа; ижь ижьыжым къыщӀэна, щыӀа, екӀуэкӀа. Пасэрей хабзэ. Пасэрей щыгъын. * Мудар зыгуэр жытӀэным ежьэу, пасэрей уэрэдыжьым и макъамэр, къришырт. Къу. С. II люди, жившие задолго до настоящего времени; древние / Ижь-ижьыжым щыгъуэ дунейм тета цӀыхухэр. * Пасэрейхэм хабзэ гъэщӀэгъуэн куэд яхэлъащ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Пасэм щыӀа, къэхъуа, ижь-ижьыжым щыӀа.

«Пасэрей зэманымрэ нобэрей зэманымрэ шурэ лъэсырэкъым я зэхуакур». Абы къыфӀамыгъэкӀыу лӀитӀыр зэбгъэдэкӀыжырт.— Лъапсэ, 84

+1 örnek

ЛӀыжь-фызыжьхэм зэпхыжаӀыкӀырт: «Къэралыр къыщытхуэмейкӀэ, ди пасэрей лъэпкъэгъухэр здагъэкӀуам дагъакӀуэми мынэхъыфӀу пӀэрэ» - жаӀэу.— Лъапсэ, 83

2. Ижь-ижьыжым псэуа цӀыхухэр.

Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфӀ жиӀащ пасэрейм.— Хьэсэпэхъумэ, 418

+2 örnek

Абы хуэдэш къагъэхъун щхьэкӀэ пасэрейхэр Ӏэджэм егупсысащ: тхьэм ещӀэ ирагъэшха мэкъум дыгъэ темыпсэу ягъэгъущырэт, нарзаныпс ирагъафэрэт, уеблэмэ, жэмышэ щрагъафи къэхъуагъэнщ.— Нал къута, 265

Къуэр лъэпкъым дежкӀэ къупщхьэм хуэдэщ, - Щытащ ар жаӀэу пасэрейм.— Анэдэлъубзэ. «Дамыгъэ», 97

Kitapta geçtiği hali

ПАСЭРЕЙ (32). 1. (4). плъыф. Пасэм щыӀа, къэхъуа, ижь-ижьыжым щыӀа. «Пасэрей зэманымрэ нобэрей зэманымрэ шурэ лъэсырэкъым я зэхуакур». Абы къыфӀамыгъэкӀыу лӀитӀыр зэбгъэдэкӀыжырт. Лъапсэ, 84. ЛӀыжь-фызыжьхэм зэпхыжаӀыкӀырт: «Къэралыр къыщытхуэмейкӀэ, ди пасэрей лъэпкъэгъухэр здагъэкӀуам дагъакӀуэми мынэхъыфӀу пӀэрэ» - жаӀэу. Лъапсэ, 83. 2. (28). щыӀ. мыхь. Ижь-ижьыжым псэуа цӀыхухэр. Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфӀ жиӀащ пасэрейм. Хьэсэпэхъумэ, 418. Абы хуэдэш къагъэхъун щхьэкӀэ пасэрейхэр Ӏэджэм егупсысащ: тхьэм ещӀэ ирагъэшха мэкъум дыгъэ темыпсэу ягъэгъущырэт, нарзаныпс ирагъафэрэт, уеблэмэ, жэмышэ щрагъафи къэхъуагъэнщ. Нал къута, 265. Къуэр лъэпкъым дежкӀэ къупщхьэм хуэдэщ, - Щытащ ар жаӀэу пасэрейм. Анэдэлъубзэ. «Дамыгъэ», 97.

Düzeltme Öner

пасэрей
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.