паспорт
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЦӀыхур зищӀысымкӀэ щыхьэт хуэхъу тхылъ.
рупаспорт (документ, удостоверяющий личность)
Хамэ къэралхэм узэрыкӀуэн паспорт хьэщӀэщым и тетым иритащ.
2. Хьэпшып гуэр регистрацэ зэращӀамкӀэ ят тхылъ.
рупаспорт (регистрационное свидетельство)
Телевизорым и паспорт.
Kitapta geçtiği hali
паспорт 1. паспорт (документ, удостоверяющий личность) / ЦӀыхур зищӀысымкӀэ щыхьэт хуэхъу тхылъ. Хамэ къэралхэм узэрыкӀуэн паспорт хьэщӀэщым и тетым иритащ. 2. паспорт (регистрационное свидетельство) / Хьэпшып гуэр регистрацэ зэращӀамкӀэ ят тхылъ. Телевизорым и паспорт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхур зищӀысымкӀэ щыхьэт хъу тхылъ.
А дакъикъэм «сышэшэнщ» жысӀами, комендантым и гум техуэну къыщӀэкӀынт, арщхьэкӀэ си паспортыр къисхри езгъэлъэгъуащ— МелыӀыч, 464
+2 örnek
Арати, хэт сыт хуэдэ паспорт хуейми зэригъэпэщырт, зыхуей лъэпкъыцӀэр иту.— Лъапсэ, 85
Си паспортыр зэзгъэлъэгъуа мылицэри мес: я уэздыгъэр ягъэункӀыфӀакъым, нэху щыху зи яужь итар тхьэм ещӀэ.— МелыӀыч, 459
Kitapta geçtiği hali
ПАСПОРТ (7). ЦӀыхур зищӀысымкӀэ щыхьэт хъу тхылъ. А дакъикъэм «сышэшэнщ» жысӀами, комендантым и гум техуэну къыщӀэкӀынт, арщхьэкӀэ си паспортыр къисхри езгъэлъэгъуащ. МелыӀыч, 464. Арати, хэт сыт хуэдэ паспорт хуейми зэригъэпэщырт, зыхуей лъэпкъыцӀэр иту. Лъапсэ, 85. Си паспортыр зэзгъэлъэгъуа мылицэри мес: я уэздыгъэр ягъэункӀыфӀакъым, нэху щыху зи яужь итар тхьэм ещӀэ. МелыӀыч, 459.