паравоз
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ГъущӀ гъуэгукӀэ зекӀуэ машинэ хьэлъэ, мафӀэгу.
Хэт ищӀэрэ, куэд мыщӀэу нобэ дэкӀа къомым я письмор паравоз уэнжакъым къилъэлъ мафӀэ хъуаскӀэу, Ӏэрамэ-Ӏэрамэу къаутӀыпщу плъэгъунщ— Щынэхужьыкъуэ, 48
+2 örnek
Василецым и гур Къоуэ, ар мэпӀащӀэ, КъокӀуэр псынщӀэу а мафӀэгур Бахъэ хуабэр жьым къыпихыу Паравозыр бгъурыжащ, Зы макъ закъуи зэхимыхыу Ваня Марфэм бгъэдыхьащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 167
Паравоз щхьэгъубжэм Бахъуэр къыӀуувауэ, и макъым къызэрихькӀэ мэкӀий: «Граждане, внимание»! «ЦӀыхухэ, фыкъэдаӀуэ!— Нал къута, 219
Kitapta geçtiği hali
ПАРАВОЗ (10). ГъущӀ гъуэгукӀэ зекӀуэ машинэ хьэлъэ, мафӀэгу. Хэт ищӀэрэ, куэд мыщӀэу нобэ дэкӀа къомым я письмор паравоз уэнжакъым къилъэлъ мафӀэ хъуаскӀэу, Ӏэрамэ-Ӏэрамэу къаутӀыпщу плъэгъунщ. Щынэхужьыкъуэ, 48. Василецым и гур Къоуэ, ар мэпӀащӀэ, КъокӀуэр псынщӀэу а мафӀэгур Бахъэ хуабэр жьым къыпихыу Паравозыр бгъурыжащ, Зы макъ закъуи зэхимыхыу Ваня Марфэм бгъэдыхьащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 167. Паравоз щхьэгъубжэм Бахъуэр къыӀуувауэ, и макъым къызэрихькӀэ мэкӀий: «Граждане, внимание»! «ЦӀыхухэ, фыкъэдаӀуэ! Нал къута, 219.