нэщӀ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
нэкӀы/нэщӀ; AÇ, BOŞ
нэщӀ/нэкӀы; AÇ, BOŞ
нэкӀы/нэщӀ, фит/хуит; BOŞ (dolu değil, serbest)
нэкӀы/нэщӀ, нэкӀыпӀ(э)/нэщӀыпӀэ; BOŞLUK
нэщӀ/нэкӀы, нэкӀыпӀ(э)/нэщӀыпӀэ; BOŞLUK
зэгъокӀы, зэгъокӀыпӀ(э), кӀым-сым, нэкӀы/нэщӀ, Ӏаолъэончъ/ Ӏэуэлъэуэншэ, мэкъэнчъ/ макъыншэ, щым, даущыншэ; ISSIZ (sessiz)
нэкӀ(ы)/нэщӀ; ORUÇ
нэщӀ/нэкӀ(ы); ORUÇ
нэкӀы/нэщӀ → зэгъокӀы; ISSIZ (~ yer)
нэщӀ/нэкӀы → зэгъокӀы; ISSIZ (~ yer)
нэщӀ → нэкӀы; BOŞ (dolu değil)
Bu sonuç kitaptaki 11 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зэгъокӀы, нэкӀы
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зыри зэрымылъ, зэрымыс, зэрымыт, зыдэмыс, зыщымыпсэу, зытемылъӀа.
рупустой (незаполненный)
Матэ нэщӀ. Фалъэ нэщӀ. Губгъуэ нэщӀ.
+2 örnek
Фызми Ӏэнэ нэщӀыр Ӏуихыжащ.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ
Адэ-анэ зимыӀэжу унэ нэщӀым щӀэс хъыджэбз ибэ цӀыкӀу тхьэмыщкӀэм а махуэм и фэм гъынкӀэ дэкӀар къэӀуэтэжыгъуейщ.— ДыщэкӀ Мухьэмэд
2. Шхын зимыӀэ, зи ныбэм имылъӀа.
руголодный, с пустым желудком
Мэл гуартэм яхэлъэда дыгъужь нэщӀым хуэдэу ар {Безрыкъуэпщыр} и лӀыхъужьыдзэр и гъусэу биидзэм яхэлъэдащ.— Нэгумэ Шорэ
Муслъымэн диным тету, нэхущым щегъэжьауэ ахъшэм хъуху ерыскъы пӀумыхуэу мазэ епхьэкӀыныр.
рурелиг. ураза
НэщӀыр къэсащ.
Bu maddedeki ifadeler (5)
нэщӀ икӀыжын
рупрекратить пост по истечении уразы (букв. выйти из уразы).
ЛӀыжьыр нэщӀ икӀыжащ.
нэщӀ исын
рудержать, соблюдать уразу.
нэщӀ ихьэн
руприступить к соблюдению уразы, начать поститься (букв. вступить в уразу).
нэщӀ мазэ
рурамазан (месяц мусульманского поста).
нэщӀ Ӏыгъын
нэщӀ исын
Сосрыкъуэрэ Лурэ къыхуадэнутэкъым ТӀашэ нэщӀ иӀыгъыу, ар и фӀэщ хъуащ щӀалэм.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
нэщӀ I 1. пустой (незаполненный) / Зыри зэрымылъ, зэрымыс, зэрымыт, зыдэмыс, зыщымыпсэу, зытемылъӀа. Матэ нэщӀ. Фалъэ нэщӀ. Губгъуэ нэщӀ. * Фызми Ӏэнэ нэщӀыр Ӏуихыжащ. Хъу. и таур. Адэ-анэ зимыӀэжу унэ нэщӀым щӀэс хъыджэбз ибэ цӀыкӀу тхьэмыщкӀэм а махуэм и фэм гъынкӀэ дэкӀар къэӀуэтэжыгъуейщ. Д. М. 2. голодный, с пустым желудком / Шхын зимыӀэ, зи ныбэм имылъӀа. * Мэл гуартэм яхэлъэда дыгъужь нэщӀым хуэдэу ар {Безрыкъуэпщыр} и лӀыхъужьыдзэр и гъусэу биидзэм яхэлъэдащ. Н. Ш. II религ. ураза / Муслъымэн диным тету, нэхущым щегъэжьауэ ахъшэм хъуху ерыскъы пӀумыхуэу мазэ епхьэкӀыныр. НэщӀыр къэсащ. НэщӀ икӀыжын прекратить пост по истечении уразы (букв. выйти из уразы). ЛӀыжьыр нэщӀ икӀыжащ. НэщӀ исын держать, соблюдать уразу. НэщӀ ихьэн приступить к соблюдению уразы, начать поститься (букв. вступить в уразу). НэщӀ мазэ рамазан (месяц мусульманского поста). НэщӀ Ӏыгъын = нэщӀ исын. * Сосрыкъуэрэ Лурэ къыхуадэнутэкъым ТӀашэ нэщӀ иӀыгъыу, ар и фӀэщ хъуащ щӀалэм. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыри зэрымылъ, зэрымыс, зэрымыт, зыдэмыс, зыщымыпсэу.
Жэщищ-махуищ гъуэгуи къыспэщылът, а губгъуэ нэщӀым сыкъикӀыу дыдейхэр къэзгъуэтыжын щхьэкӀэ.— Нал къута, 247
+2 örnek
ЩӀымахуэр къихьэри Бэкъан ишхыни, пхъэ гъэсыни, зезыхьэни имыӀэу унэ нэщӀым къыщыщӀэнэм, щӀыӀэ узым нэхъри зэфӀигъэдыкъыжауэ лӀэри лӀыжь зытӀущ зэхуэсри щӀалъхьэжащ.— Къалэн, 435
Мэшыр хъурэ гъавэр Ӏуахыжа нэужь, хьэсэпэхъумэм фӀыщӀэшхуэ хуэзымыщӀ къуажэм дэскъым, арауи къыщӀэкӀынщ Дэрдэхъ и гуэныр нэщӀ хъуауэ гъэ щӀытемыхьэр.— Хьэсэпэхъумэ, 418
2. Зи ныбэм шхын имылъ, ныбэ нэщӀ
ЦӀыху ныбэ нэщӀхэр гъынанэм, Къэсати махуэм и пӀалъэр, Россием щӀегъанэ а мафӀэр.— Россие. «Мывэ хуабэ», 95
+2 örnek
Сыдыгъужь ныбэу Сыныбэ нэщӀу, ЩӀым сылъэӀэсмэ, Сылъапэрисэщ.— Индийскэ поэмэ, 356
[Къыдырым жиӀэу:] Фи тхьэмыщкӀагъэми тесщӀыхьащ, ныбэ нэщӀу мэзым къэфхущыхьу фызэрыщӀэтыр зымыщӀэр сэра фи гугъэ.— Кхъухь пхэнж, 501
Муслъымэн диным тету нэхущым щегъэжьауэ ахъшэм хъуху умышхэу мазэр епхьэкӀынырщ.
ЩӀалэжь цӀыкӀур дэкӀуейрт, къехыжырт тхьэ иӀуэу, нэщӀым хуэмейуи жиӀэрт, Алыхьым емылъэӀуу щытыгъамэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534
+1 örnek
Абы [Жэнгулэз] дэнэ щищӀэнт хьид махуэр гузэвэгъуэ махуэ хъуну, нэщӀ ипшыныжари, мэл фӀыцӀэшхуэ иукӀари псыхэкӀуадэу кӀуэдыну, абы ищӀыӀужкӀэ кӀапсэ кӀапэу къызэрыщӀидзыжари къыгурагъэӀуэну.— КӀапсэ кӀапэ, 18
Kitapta geçtiği hali
НЭЩӀ I (52). 1. (41). Зыри зэрымылъ, зэрымыс, зэрымыт, зыдэмыс, зыщымыпсэу. Жэщищ-махуищ гъуэгуи къыспэщылът, а губгъуэ нэщӀым сыкъикӀыу дыдейхэр къэзгъуэтыжын щхьэкӀэ. Нал къута, 247. ЩӀымахуэр къихьэри Бэкъан ишхыни, пхъэ гъэсыни, зезыхьэни имыӀэу унэ нэщӀым къыщыщӀэнэм, щӀыӀэ узым нэхъри зэфӀигъэдыкъыжауэ лӀэри лӀыжь зытӀущ зэхуэсри щӀалъхьэжащ. Къалэн, 435. Мэшыр хъурэ гъавэр Ӏуахыжа нэужь, хьэсэпэхъумэм фӀыщӀэшхуэ хуэзымыщӀ къуажэм дэскъым, арауи къыщӀэкӀынщ Дэрдэхъ и гуэныр нэщӀ хъуауэ гъэ щӀытемыхьэр. Хьэсэпэхъумэ, 418. 2. (11). Зи ныбэм шхын имылъ, ныбэ нэщӀ. ЦӀыху ныбэ нэщӀхэр гъынанэм, Къэсати махуэм и пӀалъэр, Россием щӀегъанэ а мафӀэр. Россие. «Мывэ хуабэ», 95. Сыдыгъужь ныбэу Сыныбэ нэщӀу, ЩӀым сылъэӀэсмэ, Сылъапэрисэщ. «Индийскэ поэмэ», 356. [Къыдырым жиӀэу:] Фи тхьэмыщкӀагъэми тесщӀыхьащ, ныбэ нэщӀу мэзым къэфхущыхьу фызэрыщӀэтыр зымыщӀэр сэра фи гугъэ. Кхъухь пхэнж, 501.
НЭЩӀ II (7). дин. Муслъымэн диным тету нэхущым щегъэжьауэ ахъшэм хъуху умышхэу мазэр епхьэкӀынырщ. ЩӀалэжь цӀыкӀур дэкӀуейрт, къехыжырт тхьэ иӀуэу, нэщӀым хуэмейуи жиӀэрт, Алыхьым емылъэӀуу щытыгъамэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 534. Абы [Жэнгулэз] дэнэ щищӀэнт хьид махуэр гузэвэгъуэ махуэ хъуну, нэщӀ ипшыныжари, мэл фӀыцӀэшхуэ иукӀари псыхэкӀуадэу кӀуэдыну, абы ищӀыӀужкӀэ кӀапсэ кӀапэу къызэрыщӀидзыжари къыгурагъэӀуэну. КӀапсэ кӀапэ, 18.