нэшэкъашэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэблэшауэ, къуаншэбыншэу щыту.
рузигзагообразно, извилисто
ТхылъымпӀэ напэр ауэ сытми нэшэкъашэу, хъэрпшэру зэхэтхыхьа мыхъумэ, абы къыбгурыӀуэн иттэкъым. Щ. Ӏ.
Kitapta geçtiği hali
нэшэкъашэу нареч. зигзагообразно, извилисто / Зэблэшауэ, къуаншэбыншэу щыту. ТхылъымпӀэ напэр ауэ сытми нэшэкъашэу, хъэрпшэру зэхэтхыхьа мыхъумэ, абы къыбгурыӀуэн иттэкъым. Щ. Ӏ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зэблэшауэ, къуаншэбыншэу, мызахуэу щыту.
ФарзкӀэ зэджэ псыр нэшэкъашэурэ ежэхырт и зы Ӏуфэ лъэныкъуэр къуацэ-чыцэу, адрейр мэз защӀэщ жыпӀэну жыгеишхуэхэм жьауэ къытращӀэу.— Лъапсэ, 30
Kitapta geçtiği hali
НЭШЭКЪАШЭУ (2). нареч. Зэблэшауэ, къуаншэбыншэу, мызахуэу щыту. ФарзкӀэ зэджэ псыр нэшэкъашэурэ ежэхырт и зы Ӏуфэ лъэныкъуэр къуацэ-чыцэу, адрейр мэз защӀэщ жыпӀэну жыгеишхуэхэм жьауэ къытращӀэу. Лъапсэ, 30.