нэхъыфӀу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэрыщытым, зэрыщытам ефӀэкӀыу.
рулучше
НэхъыфӀу тхэн. НэхъыфӀу зэгъэцӀыхун.
Kitapta geçtiği hali
нэхъыфӀу нареч. лучше / Зэрыщытым, зэрыщытам ефӀэкӀыу. НэхъыфӀу тхэн. НэхъыфӀу зэгъэцӀыхун.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зэрыщытым ефӀэкӀыу.
Жансэхъу и гугъэт урысыбзэ псалъэ нэхъыфӀу ищӀэу гу къылъатэмэ, нэхъ ягъэкӀуэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 564
+2 örnek
Ахъшэр здихьын къимыгъуэтынуи аратэкъым: фызым нэхърэ нэхъыфӀу хэт ищӀэнт и лӀым езым и пщӀэнтӀэпскӀэ къимыхьауэ зы тхылъымпӀэ я ӀэмыщӀэ къызэримыхьар?— Кхъэлэгъунэ, 377
Сэри ар нэхъыфӀу къызолъытэ, арщхьэкӀэ махуэ зыбжанэкӀэ си батальоныр къэзгъанэрэ сежьэмэ, зыгуэр къэхъункӀи мэхъу, жызоӀэри си дзэр мэш.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398
Kitapta geçtiği hali
НЭХЪЫФӀУ (36). нареч. Зэрыщытым ефӀэкӀыу. Жансэхъу и гугъэт урысыбзэ псалъэ нэхъыфӀу ищӀэу гу къылъатэмэ, нэхъ ягъэкӀуэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 564. Ахъшэр здихьын къимыгъуэтынуи аратэкъым: фызым нэхърэ нэхъыфӀу хэт ищӀэнт и лӀым езым и пщӀэнтӀэпскӀэ къимыхьауэ зы тхылъымпӀэ я ӀэмыщӀэ къызэримыхьар? Кхъэлэгъунэ, 377. Сэри ар нэхъыфӀу къызолъытэ, арщхьэкӀэ махуэ зыбжанэкӀэ си батальоныр къэзгъанэрэ сежьэмэ, зыгуэр къэхъункӀи мэхъу, жызоӀэри си дзэр мэш. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398.